Ди университетым и щIэныгъэлIхэм я текIуэныгъэ

2018 гъэм и щIэныгъэ къэхутэныгъэ нэхъыфIхэр ­къы­хэхыным теухуауэ Урысейм фундаментальнэ къэхутэныгъэхэмкIэ и фондым иригъэкIуэкIа конкурсым кърикIуахэр къапщытэжащ.

Космосым къыщагъэсэбэп композит пкъыгъуэхэмрэ технологиехэмрэ къызэгъэпэщыным теухуа фундаментальнэ Iуэхухэм хиубыдэу къэралым и вуз нэхъыфI дыдэхэм        я щIэныгъэлIхэм ята заявкэ 89-м щыщу конкурсыр езыгъэкIуэкIахэм я экспертизэм пхыкIар 18 къудейщ. Абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ­профессор, химие щIэныгъэхэм я доктор Бажэ Риммэ и проектри. Ар ягъэзэщIэн папщIэ къыхуаутIыпща грантыр сом мелуан 18 мэхъу.
Проектым 2019 - 2021 гъэхэм елэжьынущ ­химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хъурей Арсен зи пашэ щIэныгъэлI гупыр.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.