КъэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ щIалэхэр дызэриIэм щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщ зыщ къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэу дзэм къулыкъу щызыщIэхэм ятеухуа хъыбар гуапэхэр щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм къызэрылъэIэсыжыр. Хэкум и хъумакIуэ нэсхэр зей лъэпкъым абыхэм гушхуэныгъи пагагъи къыхалъхьэ. Щытхъу яIэу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу дзэ къулыкъур езыхьэкIхэм ящыщщ Налшык къалэ щыщхэу ГъукIакъуэ Иналрэ Даур Алимрэ. НыбжьыщIитIыр къыщыхъуащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зи жьэгу дэлъ унагъуэ дахэхэм. ЩIалэхэм яхэлъ гъэсэныгъэри хьэл-щэн зэпIэзэрытри, шэч хэмылъу, зыдэлъагъупхъэр абыхэм я нэхъыжьхэрщ. ЗэрыжаIэу, нэхъыжьыфI здэщымыIэм нэхъыщIэфIи щыIэкъым.
Гуапэ зэрыхъущи, къызыхэкIахэм яхуэфащэу къыщIэкIащ щIалитIри. ГъукIакъуэ Иналрэ Даур Алимрэ Налшык къалэ дэт гимназие №14-р къаухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и юридическэ къудамэм щIэтIысхьащ. Абы и бакалавр дипломыр зыIэрызыгъэхьа щIалэхэм адэкIэ я щIэныгъэм магистратурэм щыпащэ. Дзэм къулыкъу щащIэну щраджэм, Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэныр ягъэзэщIэну пэрыхьащ.
Зэныбжьэгъухэм армэ къалэныр зэгъусэу щрахьэкI Москва къалэм. Абыхэм къулыкъу щащIэ МВД-м и къэрал кIуэцIыдзэм. Ахэр зыхэт частым и къалэн нэхъыщхьэр жылагъуэм щытыкIэ тэмэм щыIэнымрэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ кIэлъыплъынырщ. Абы ипкъ иткIэ, Москва щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэми къалэм и уэрамхэми шынагъуэншагъэр къыщапщытэ.
Апхуэдэ зи чэзу къыдэкIыгъуэм къэхъуа зы Iуэхугъуэм къыщыхэжаныкIащ Инал. Абы зыкъигъэлъэгъуащ зи пщэрылъыр нэгъэсауэ зыщIэ сэлэт жыджэру. Уэрамым ирикIуэ хъыджэбзым и телефоныр къыIэщIэзыуда бзаджащIэр жыжьэ нигъэсакъым ГъукIакъуэм. Къэхъуам псынщIэу гу лъызыта щIалэ Iэчлъэчым щIэпхъаджащIэр зэуэ къызэтригъэувыIащ икIи абы и фIыгъэкIэ пщащэми лей къытехьакъым. Инал къыхуэщхьэпащ спортым зэрыдихьэхыр. Иджыри пэщIэдзэ классым щIэсу щIалэ цIыкIур и адэшхуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд спорт школым ишауэ щытащ. ГъукIакъуэм зыхуигъэсащ бэнэкIэ хуитми, дзюдоми, Iэпщэрыбанэми. И щIэныгъэкIи зыхэт гупым къахощ Инал. Апхуэдэу частым къэпщытэныгъэхэр щекIуэкIкIэ, жэуап итыну нэхъыбэрэ утыку кърашэр а щIалэрщ. Абы и лъэныкъуэкIи мызэ-мытIэу унафэщIхэм я щытхъу, фIыщIэ псалъэхэр къилэжьащ.
Даур Алим пэжым и телъхьэу, уи дзыхь зэбгъэз хъун щIалэу зэрыщытыр къыщигъэлъэгъуащ зыхэт гупым. И пщэ дэплъхьэ сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ, жэуаплыныгъэ пылъу зэрызэфIигъэкIыр, и къалэн нэхъыщхьэм хуэIэкIуэлъакIуэу, зыхуеджа и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу зэрыщытыр, лей къызытехьэм и щхьэщыжакIуэу къызэрыувым теухуауэ хъыбархэр къыщокIуэкI абы къулыкъу щищIэ дзэ гупым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэхэм псом хуэмыдэу къащыгуфIыкIащ икIи абыхэм я зэфIэкIым ирогушхуэ дзэ частым и унафэщIым и къуэдзэ, Шэрэдж щIыналъэм щыщ Кадыров Ибрэхьим. Сыт и лъэныкъуэкIи къалэным къыщыхэжаныкI, дэтхэнэ зы Iуэхуми жыджэру пэщIэувэ и лъахэгъу ныбжьыщIэхэм, дауи, абы и пщIэри къаIэт.
Мазищ хъууэ аращ зэныбжьэгъуитIыр дзэм зэрыраджэрэ. Ауэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу абыхэм зыкъагъэлъэгъуащ Хэкум и хъумакIуэ нэсу, яхузэфIэкIащ къызыхэкIа лъэпкъми и цIэр фIыкIэ ягъэIун. Дрогушхуэ апхуэдэ щIалэ къуданхэм, адэкIи гъащIэм ехъулIэныгъэхэр щаIэну, лъагапIэщIэхэм хуэкIуэу я мурад зрагъэхъулIэну ди гуапэщ. ЩIэдзапIэ дахэ зиIэ Даур Алимрэ ГъукIакъуэ Иналрэ ятеухуа хъыбарыфIхэр дяпэкIи куэдрэ зэхэтхыну дыщогугъ.