УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей КъБР-м и Правительствэм и Унэм гъубж кIуам щригъэкIуэкIащ зэIущIэ щхьэпэ.
ЕгъэджэныгъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм и лIыкIуэхэм нэмыщI, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий, КъБР-мкIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур. Апхуэдэу зэхуэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес, нэгъуэщI министрхэр, щIыпIэ самоуправленэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, «ЩIалэгъуалэм я урысейпсо союз» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, н.
Зэхуэсым и утыку кърахьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр ятещIыхьауэ щытащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къигъэув Iуэхугъуэхэр ди республикэм гъэзэщIа зэрыщыхъумрэ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы гъэм зэрегъэкIуэкIыпхъэмрэ. А унэтIыныгъэхэмкIэ ди Iуэхур зыIутым зэIущIэм кърихьэлIахэр кIэщIу щыгъуазэ хуищIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- ЕгъэджэныгъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм и пашэ, ди хьэщIэ лъапIэ Кравцов Сергей зыхэт зэIущIэ иным кърихьэлIа псоми фIэхъус гуапэ фызох. Псом япэрауэ, фIыщIэ ин хузощI ди республикэм гулъытэ къыхуищIу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну къызэрытхуеблэгъам папщIэ. Къыхэзгъэщынщи, Кравцов Сергей ипэкIэ зи пашэу щыта Егъэджэныгъэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ IэнатIэм куэдкIэ и фIыгъэщ ЕГЭ къэпщытэныгъэхэр ди щIыпIэм хъарзынэу щызэфIэтх зэрыхъуар, - жиIащ КIуэкIуэм. - Егъэджэныгъэ IэнатIэр ди республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм увыпIэ хэха щызыубыд унэтIыныгъэхэм, дапщэщи хуэдэу, ноби ящыщщ, сыту жыпIэмэ, ар ди къэкIуэнум епха- щи. ФIагъ лъагэ зиIэ егъэджэныгъэ дызэриIэм елъытащ ди щIыналъэм, абы щыпсэу цIыхухэм яIэну ехъулIэныгъэхэр. КъэкIуэну илъэсхэм IэнатIэм щынэхъыщхьэу щытынур дэтхэнэ сабийми фIагъышхуэ зиIэ щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтыфын Iэмал етынырщ, абыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр къэхутэнырщ, абы зегъэужьынырщ, технологие лъагэхэр щытепщэ дунейм хэзэгъэфын цIыху гъэсэнырщ. А Iуэхугъуэхэр зэрызэбгъэхъулIэфыну Iэмал гъуэзэджэ куэд къыщыгъэлъэгъуащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым. Илъэс зыбжанэ хъуауэ лажьэ а проектым и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм хэпщIыкIыу зиужьащ. Ди къалэныр, а ехъулIэныгъэхэр ди тегъэщIапIэу, лэжьыгъэр адэкIэ егъэфIэкIуэ-нырщ, лъагапIэщIэхэр къэщтэнырщ.
КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, ди сабийхэм ящыщ дэтхэнэми, ар щыпсэу щIыпIэмрэ и социальнэ статусымрэ емылъытауэ, къыхузэгъэпэщын хуейщ щIэныгъэфI зэрызрагъэгъуэтыфын Iэмалхэр. Гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IэнатIэхэми. ЩIэблэм заужьын хуейщ ябгъэдэлъ акъылкIи, творческэ зэфIэкIкIи, узыншагъэкIи. Зи гугъу сщIы IуэхущIапIэхэм къызэщIаубыдапхъэщ ди сабийхэм я процент 80-м нэс. А Iуэхум хуэщIауэ ди республикэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Антарес» центрыр. Егъэджэныгъэ IэнатIэм социальнэ лифтым и къалэнхэр игъэзащIэу щытыпхъэщ: аращ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр экономикэм, политикэм, щэнхабзэм, гъащIэм и нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм хуэзыгъэхьэзырын хуейр. А лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу зэфIэхыным, дауи, нэхъыщхьэ дыдэу хэтыр ди егъэджакIуэхэращ. И чэзу хъуащ а IэщIагъэлIхэм ящыщ дэтхэнэми методикэ лъагэхэр, технологие пэрытхэр лэжьыгъэм нэсу къыщигъэсэбэпыф хъуныр. Апхуэдэу щытми, егъэджакIуэхэм я гъусэу Iуэхум хэтын хуейщ щIыпIэхэм къэрал унафэр щызезыгъакIуэхэр, адэ-анэхэр, граждан жылагъуэ институтхэр. Къалэнхэр гъэзэщIэным зэгъусэу делэжьмэщ, ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрыдгъэхьэфынур.
АдэкIэ псалъэ къищтащ Кравцов Сергей. Ар къытеувыIащ зи пашэ хъуа министерствэм и пащхьэ къиувэ къалэн нэхъыщхьэхэм.
- Псом япэрауэ, егъэджакIуэм жылагъуэм щиIэ увыпIэмрэ абы и пщIэмрэ къэIэтыным адэкIи делэжьынущ, сыту жыпIэмэ «егъэджэныгъэм и пкъоуэ» щыт абы куэд елъытащ къытщIэхъуэ щIэблэм яIэну зэхэщIыкIымрэ зэфIэкIымрэ ехьэлIауэ, - къыхигъэщащ Кравцовым. - Къэрал унафэкIэ щIэгъэбыдауэ щытщ егъэджэныгъэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэпса дэтхэнэ Iуэхугъуэри. Абыхэм ящыщщ еджакIуэхэр школым щыгъэшхэныр, класс унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэныр. Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ еттынущ еджапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэным, а IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым хэгъэхъуэным, адэ-анэхэм нэхъ шэщIауэ ядэлэжьэным, сабий къахэжаныкIхэм гулъытэ хэха яхуэщIыным, школхэр зыхуэныкъуэ методикэ дэIэпыкъуныгъэ псори етыным, нэгъуэщIхэми.
Кравцов Сергей зэрыжиIамкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ тепсэлъыхьащ ди республикэм егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ центрыщIэ къызэрыщызэIуахынуми. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр абыкIи сэбэп къыхуэхъунущ ди щIыналъэм.
Министрым жиIам къыдыщIа- гъуу, зэхуэсым къыщыпсэлъащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий, УФ-м Егъэджэныгъэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Музаев Анзор, республикэм и министерствэхэм я пашэхэр, егъэджэныгъэмкIэ республикэ, щIыпIэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсыр иухуа нэужь, КIуэкIуэ Казбек Кравцовымрэ абы и гъусэ хьэщIэ лъапIэхэмрэ иригъэблэгъащ къызэIуахагъащIэ «Антарес» егъэджэныгъэ центрым, абы щекIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэми ахэр щыгъуазэ хуащIащ. Егъэджэныгъэ программэу 49-кIэ ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ а центрым Iэмал псори иIэщ сабий зэчиифIэхэм я зэфIэкIым, къэухьым, гупсысэм адэкIи зрагъэужьыну. Абы щызэфIах унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Апхуэдэу хьэщIэхэр щыIащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ яухуа, нэгъабэ къызэIуаха курыт школыщIэм. Сабий 1224-рэ зэкIуалIэ а IуэхущIапIэр хуэщIащ ныбжьыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи заужьыным, щIэныгъэ куу ягъуэтыным.
ХьэщIэхэм гунэс ящыхъуащ ялъэгъуа псори. Федеральнэ минист-рым зэрыжиIамкIэ, егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ республикэм къыщрахьэжьэ дэтхэнэ Iуэхугъуэри ар зи пашэ IэнатIэм диIыгъынущ.