Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхахащ «Динамо» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIыр.

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и зэIущIэ.
Лэжьыгъэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Воронин Сергей, КъБР-м щыIэ УФСБ-м и погрануправленэм и Iэтащхьэ Павлов Андрей, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщI Щхьэгъэпсо Заурбий, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Лыхь Аслъэн, КъБР-м щыIэ Къэрал федеральэ къулыкъум и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Валерэ, УФ-м и Федеральнэ налог къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэн, «Динамо»-м и щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Джэданэ Залым сымэ.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий къыхигъэщащ «Динамо» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэр къапэщыт къалэнхэр ягъэзэщIэн папщIэ физическэ хьэзырыныгъэ лъагэ яхэлъыныр дэIыгъынымкIэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицейхэм, мафIэсгъэункIыфIхэм, IэнатIэ щхьэхуэхэм я европей, дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа Джэданэ Залым тепсэлъыхьащ 2019 гъэм зэфIаха лэжьыгъэм, къапэщыт къалэныщIэхэм. Абы къыхилъхьэри къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и унафэщI къулыкъур къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий дзыхь хуэщIыныр.
Коллегием и кIэухыу КъБР-м и хабзэхъумэ органхэм спортым зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ Джэданэ Залым иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ЩIыхь тхылъыр.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.