ЗауэлIхэр утыку йохьэ.

Урысейм и лъэпкъ гвардиеу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и хэщIапIэм ще­кIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ дзэ зэгу­хьэ­ныгъэм гырэ спортымкIэ я чемпионат. Абы хэтащ IэнатIэхэм и кIуэцIкIэ щыIа ­зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэр - КИФЩI-м щыIэ Лъэпкъ гвардием и командэ 16-м я спортсмен 80-м щIигъу.
Килограмм 24-рэ зи хьэлъагъ гырэр ­дакъикъипщIым къриубыдэу лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ къызэраIэтыфымкIэ спортсменхэр зэпеуащ. ТекIуахэр гуп, щхьэзакъуэ зэ­хьэ­зэхуэхэм къыщахьа балл бжыгъэхэмкIэ наIуэ хъуащ.
Япэ увыпIэр яубыдащ Грознэ къалэм дэт, Жуковым и орденыр зыхуагъэфэща дзэ частым и спортсменхэм. Абыхэм къакIэ­лъокIуэ Дагъыстэнымрэ Минеральные Воды ­къалэмрэ щыIэ гупхэр. Домбеякъыр зыIэ­рагъэхьащ Владикавказрэ Ставропольрэ ­къулыкъу щезыхьэкIхэм.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ медалхэр, кубокхэр, грамотэхэр иратащ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.