Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир вэсэмахуэ яIущIащ къэралым и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ зэхуашэса лэжьакIуэ гупым. Адрей цIыху 75-м ядыщIыгъуу абы хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Президентым и деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым нэгъабэ лъандэрэ хагъэхьа Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Конституцэм хэлъхьэн хуейуэ лэжьакIуэ гупым игъэхьэзыр жэрдэмхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ цIыхубэм я гурыщIэр къагъэнаIуэу гъащIэр нэхъ тынш ящищIыну къэпщытакIуэхэм къалъытэ. АбыкIэ арэзыщ къэралым и Iэтащхьэри.
ЗэрыфщIэжщи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызэхуигъазэм къыщыхилъхьащ къэралым и тхылъ нэхъыщхьэм зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ егъэгъуэтын зэрыхуейр. Ахэр ехьэлIащ парламентым, Конституцэ судым я унафэхэр здынэсым зегъэубгъуным, къулыкъущIэшхуэхэм хамэ къэрал гражданствэ ямыIэным, президент пIалъэхэр гъэмэщIэным, дунейпсо зэгурыIуэныгъэхэм япэ урысей хабзэхэр игъэщыным, цIыхухэм я пащхьэ къэралым щиIэ пщэрылъхэм хэгъэхъуэ-ным, нэгъуэщIхэми. А псори хьэзыр хъуа иужькIэ, урысейпсо IэIэткIэ къащтэну я мурадщ.
«Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтыр, дауи, Урысей Федерацэм и ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм къызэригъэпэщынущ, - щыжиIащ зэIущIэм Путин Владимир. - Абы ехьэлIа унафэм сэ нобэ-пщэдей Iэ щIэздзынущ. КъищынэмыщIауэ, дэ дызэгурыIуащ ар лэжьэгъуэ тхьэмахуэм и кум хуэдгъазэу зыгъэпсэхугъуэу дгъэувыну, цIыхухэм махуэшхуэхэр щагъэлъапIэ е тхьэмахуэм и кIэух гуэрхэм къыпамыудын папщIэ».
ЗэкIэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм ехьэлIа урысейпсо IэIэтыр мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м, бэрэжьейуэ, екIуэкIынущ. Ар ди къэралым зыгъэпсэхугъуэ махуэу щагъэувыну я мурадщ.