ЗауэлI щIыхьым и махуэм ирихьэлIэу.

ЗауэлI щIыхьым и махуэшхуэмкIэ – фашистыдзэхэр Сталинград деж зэрыщызэхакъутам и щIыхькIэ ягъэу­вамкIэ - ехъуэхъуну Урысей Гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хуеблэгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Багъ Сэфудин ХьэтIалэ и къуэм.
Урысей Гвардием и лэжьакIуэхэр нэхъыжьыфIым саугъэт лъапIэхэмрэ удз гъэгъакIэ хуэупсащ. Ветераныр и хьэщIэхэм къахутепсэлъыхьащ зауэр къэмыхъей щIыкIэ зэрыпсэуамрэ иужькIэ и гъащIэ гъуэгум зэрызихъуэжамрэ.
«Мыпхуэдэ дауэдапщэхэм мыхьэнэшхуэ идот. Сыту жыпIэмэ, текIуэныгъэ лъапIэр къытхуэзыхьахэм щыщ­хэм уепсэлъэн жыхуэпIэр уасэншэщ дэркIэ. Ахэр мащIэ хъуащ. Абы къыхэкIыу ди нэхъыжьыфIхэр тхъумэну, абыхэм ялэжьар зыщыдмыгъэ­гъупщэну, ди щIэблэри абыхэм щапхъэ трахыу къэдгъэхъуну ди къалэнщ», - жиIащ къудамэм и унафэщI - полицэм и майор Борэн Жанетэ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.