Армавир дэт Адыгэ Хасэр ягъэлъапIэ.

Краснодар крайм хыхьэ Армавир къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ а щIыпIэм щылажьэ Адыгэ Хасэр къызэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс 15 зэрырикъур. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэу Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь крайм, Успенскэ щIыналъэм икIахэр.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Армавир дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шанэ Рэмэзан. Ар зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ Хасэм и къежьэкIам, ар зэрызэфIэувам. Апхуэдэуи зэман блэкIахэм абы хэтахэм, хэлэжьыхьахэм я гугъуи ищIащ.
Армавир къалэм и Iэтащхьэм и ­къуэдзэ Руденкэ Александр тепсэ­лъы­хьащ къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным ехьэлIауэ хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIым, абы и лъэ­ныкъуэкIи Шанэ Рэмэзан фIыщIэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр къыхигъэщащ.
-Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр егъэ­фIэкIуэнымкIэ, щэнхабзэр, тхыдэр ­куууэ джынымкIэ, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу сабийхэр къэгъэтэджынымкIэ Армавир къалэм щылажьэ Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэм я мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну инщ. Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэхэм щыгъуэ адыгэ лъэпкъым и къуэ пэжхэр Хэкур хъу­мэным зэрыщIэзэуар, ди лъэпкъэгъу­хэм я гъусэу абыхэм ящыщ куэдым я псэр ди щхьэхуитыныгъэм зэрыщIатар дэ тщыгъупщэну дыхуиткъым. Абы папщIэ адыгэ лъэпкъым фIыщIэ фхуэтщIыну къыттохуэ, - жиIащ Армавир къалэ Думэм и тхьэмадэ Поляков Александр.
Лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр гъэ­быдэ­нымкIэ къалэм и консультант нэхъыщхьэ Грещанов Александр къызэхуэсахэм захуигъэзащ:
-Ныбжьэгъу лъапIэхэ, си гуапэу фи гуфIэгъуэр вдызоIыгъ. Адыгэхэм фи хьэл-щэн дахэмкIэ, фи лъэпкъ фащэмкIэ, нэгъуэщI фIы куэдкIи дыщызэдэпсэу щIыналъэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм факъыхощ. Илъэс 15 дэкIам Хасэм куэд хузэфIэкIащ. Дыфщогугъ фи ехъулIэныгъэфIхэм хэмыщIу дяпэкIи фылэжьэну.
-Мы зэIущIэ дахэм кърихьэлIа псоми сывигъусэу си гуапэу вдызогъэ­лъапIэ фи махуэр. Зэман мащIэм ­къриубыдэу Адыгэ Хасэм куэд хузэ­фIэкIащ. НэхъыбэжкIи дыщогугъ. Тхьэм къывигъэхъулIэ фи хъуэпсапIэ псори, - пэшым щIэсхэм захуигъэзащ Краснодар крайм и Успенскэ щIыналъэм и Iэтащхьэ Бахилин Геннадий.
Адыгэ Республикэм лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Аскэр жиIащ къалэ Адыгэ Хасэм и Iуэхухэр дяпэкIи ефIакIуэрэ и зэфIэкIхэми хигъахъуэу екIуэкIыну зэригуапэр. Щхьэлахъуэр къеджащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат къыбгъэдэкI ­хъуэхъу тхыгъэми.
Къэрэшей-Шэрджэсым и «Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламент» жыла­гъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий псалъэ ирата иужь, къыхигъэщащ адыгэхэм Хасэ яIэу, абы лъэпкъым ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъы­щхьэхэр къыщаIэту къызэ­рекIуэкIыр.
-Илъэс 15-р зэманышхуэкъым, ауэ лъэпкъ Iуэху зепхуэну ар икIи мащIэкъым. Сынывохъуэхъу зэгурыIуэныгъэ фи зэхуаку дэлъу, фи ехъулIэныгъэфIхэми къыхэвгъахъуэу, адэкIи фылэжьэну, - жиIащ абы.
Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэм и ­къуэдзэ Бэгъущэ Алий Армавир Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэза нэужь, зэрызэдэлажьэм, адыгэбзэр щIэблэм нэхъ куууэ егъэ­джыным хуэунэтIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъитIым ящIа­пхъэхэм, абы теухуауэ ягъэхьэзыра проектым я гугъу ищIащ.
ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфанрэ ХьэтIохъущо­къуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ ДАХ-м къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ­хэмкIэ Армавир Адыгэ Хасэм хэтхэр ягъэпэжащ. Бырсекъуэ Орфан Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу къы­щыпсалъэм жиIащ Армавир Адыгэ Хасэр жыджэру ДАХ-м зэры­­-дэ­лажьэр, я зэпыщIэныгъэхэр зэ­рыбы­дэр.
-Армавир деж щыс адыгэхэр мащIэми, я бзэр зэрахъумэжыным, я ­хабзэр зэрызэрахьэжыным яужь иту, я Iуэху ягъэкIуатэ. Ар узыщыгуфIы­кIыпхъэщ. Фи хъуэпсапIэхэри, фи мурадхэри Тхьэм къывигъэхъулIэ, - жиIащ Табыщ Мурат.
Ставрополь крайм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ и гугъу ищIащ дызэрыадыгэр тщымыгъупщэу, дызыдэпсэу лъэпкъхэм фIы­кIэ дакъыхэщу, ипэкIэ дыкIуэтэн зэрыхуейр.
-Абы и лъэныкъуэкIэ Армавир Адыгэ Хасэм игъэлъагъуэ щапхъэр дерс къызыхэпхынщи, афэрым, си ­гуапэщ фефIакIуэмэ, - захуигъэзащ пэшым щIэсхэм Шыбзыхъуэм.
Адыгэ Республикэм къикIа жыла­гъуэ лэжьакIуэ Шумахуэ Энвер, Армавир къалэм и имам Раджабов Хьэсбулэт сымэ, апхуэдэуи, Армавир щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэми Армавир «Адыгэ Хасэм» хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыкъыхуагъэзащ.
Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ Нэхей ­Аслъэн зи унафэщI, Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэрал ансамб­лым и къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэ­хэм.

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж