ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм теухуа фэеплъ пщыхьэщхьэ. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари ДАХ-рщ. Фэеплъ зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ Къалмыкъым и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ ятеухуа документаль-нэ фильмыр.
Пщыхьэщхьэр къыщызэ-Iуихым, ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ Къалмыкъ Юрэ, гъащIэшхуэ къимыгъэщIами, къыхуиу-ха илъэсхэр IуэхущIафэ куэдкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм ЗаконодательствэмкIэ и комитетым и унафэщIу щыта, УФ-м юстицэмкIэ и министру лэжьа, Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым, УФ-м и Къэрал Думэм хэта ди лъэпкъэгъум и гъащIэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ Сэхъурокъуэр.
КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым и - унафэщI, жылагъуэ лэжьакIуэ Къалмыкъ Жылэбий къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь лъэпкъ мащIэхэм я зэхуаку къыдэхъуэу щыта бэIутIэIухэм хуэдэ гуэр ди Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщымыхъуамкIэ фIыщIэшхуэ Къалмыкъ Юрэ зэрыбгъэдэлъыр.
-Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэнщ абы къытхуигъэна и IуэхущIафэхэр, ахэр мыкIуэдыжынщ, - жиIащ абы.
КъБКъУ-м и проректор, тхыдэ щIэныгъэхэм я док-тор Къэжэр Артур и гугъу ищIащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Къалмыкъым и IуэхущIафэхэр щIэныгъэр и лъабжьэу джын зэрыхуейм. Апхуэдэуи, Къэжэрым къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ политик цIэрыIуэм теухуауэ «Википедие»-м иралъхьа тхыгъэр зэрымащIэм, икIи ар Iэмал имыIэу зэрыгъэзэкIуэжыпхъэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Дзэмыхь Къасболэт къызэхуэсахэм и гугъу яхуищIащ Къалмыкъым и щIэныгъэ-лэжьыгъэхэм. Апхуэдэуи, ди къэралым «Граждан кодексыр тыгъэ хуэзыщIа цIыхуу» ар зэрыщытыр жиIащ.
«Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ Къалмыкъым теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр.
Псалъэ гуапэхэр Къалмыкъ Юрэ хужаIэу, ар ягу къагъэкIыжу къэпсэлъахэщ юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат ГъукIэпщокъуэ Мурат, жылагъуэ лэжьакIуэхэу Шэру Хьэутий, ГубэщIыкI Жантемыр, Ас-лъэн Алий сымэ, нэгъуэщIхэри.