Телевиденэм и IэмалыщIэхэрМахуэшхуэм ирихьэлIэу къызэIуаха IуэхущIапIэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжыгъэм тещIыхьауэ лэжьэну и телевиденэм и IуэхущIапIэщIэр. Журналистхэм я гуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ Уры-сей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александррэ. Балъкъэрым и уэрамым тет 6-нэ унэр илъэситI хъуауэ зыхуей хуагъазэ. Бадзэуэгъуэ мазэм къащэхуащ бжыгъэм тещIыхьа иджырей Iэмэ-псымэщIэхэр. Зыхуагъэувыжа пIалъэм къриубыдэу ахэр ягъэуващ, япэ нэтынхэри къатащ. КъыжыIапхъэщ телевиденэм и нэтынхэр, хъыбарыщIэхэр зыгъэхьэзыр журналисту, редактору, режиссёру 130-р илъэс зыбжанэ хъуауэ ПечатымкIэ унэм зэ-рыщIэсыр, я лэжьыгъэр псынщIэ къащызыщIын Iэмал гуэри ямыIэу. Iэтащхьэмрэ хьэщIэмрэ, республикэм и къулыкъущIэхэр ящIыгъуу щIыхьащ КъБР-м и телевиденэм и унэм. Нэтынхэр щытрах, щелэжьыж пэшхэр, павильон Iэхуитлъэхуитхэр, ахэр къызэрызэгъэпэща IэмэпсымэщIэхэр зрагъэлъэгъуащ. ГуфIэгъуэ защIэкIэ а псори къагъэсэбэпыну унафэщIхэр хэгъэрейхэм ехъуэхъури, къапэплъэ цIыхухэм къахыхьэжащ. ЩIэныгъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэм, Налшык къалэм я махуэхэмкIэ, апхуэдэуи республикэм и телевиденэм и унэщIэмкIэ псоми гуапэу ехъуэхъуащ Матовников Александр, зэпыу зимыIэ лэжьыгъэфI кърахьэлIэну зэригуапэри къыхигъэщащ. - Ди телевиденэм бжыгъэхэр и лъабжьэу, зэманым лъэщIыхьэ дыдэу щымытами, тхыдэ къулей иIэщ, республикэм къыщыхъу псоми набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу къогъуэгурыкIуэ, - жиIащ КIуэкIуэ Юрий. - Иджыпсту ди къалэныр телевиденэм и лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми щалъагъунырщ. Ар ди зэхуэдэ пщэрылъщи, зэрытхузэфIэкIынум шэч къытесхьэркъым. ФIыщIэ яхузощI IуэхущIапIэр зыхуей хуэгъэзэным зи зэфIэкI езыхьэлIа псоми. Ар тыншу щытакъым, ауэ экономикэ щытыкIэ гугъум емылъытауэ, унэри зыхуей хуэдгъэзэжри IэмэпсымэщIэхэри зыIэрыдгъэхьащ. Си гуапэщ къэрал псор «зэрытIыс- хьэ мафIэгум» дыкъызэрыкIэрымы-хуар. Iэтащхьэми къызэрыхигъэщащи, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр мультиплекс пакетым ди телевиденэр хэгъэхуэнырщ, е «Триколор» спутник телевиденэм канал щхьэхуэу хэувэу сыхьэт 24-кIэ нэтынхэр къату хъунырщ. Иджы абы папщIэ Iэмал псори яIэщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|