Япэ уэзджынэр кърагъауэ

Налшык къалэм дэт курыт школ №5-м япэ классым сабий 200-м щIигъу фокIадэм и 1-м кIуащ.

 

ЩIэныгъэм и махуэм теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэху ­дахэм зрагъэхьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ Шэнтыкъу Иринэ, ЗыужьыныгъэмкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэр центрым и унафэщIым и къуэдзэ Кравцовэ ­ФатIимэ, Сабий творчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» академием и ­генеральнэ унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Iэрыпщ Мурат.

Курыт еджапIэм и унафэщI Емуз Светланэ ЩIэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ япэ классым кIуахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ икIи къыхигъэщащ зи унафэщI школым щIэтIысхьэм и бжыгъэм илъэс къэс зэрыхэхъуэр зэри­гуапэр. «НыбжьыщIэхэм я еджэгъуэ зэманыр гукъинэжу, гъэщIэгъуэну зэрагъэкIуэнум дыхуэщIэкъунущ, сохъуэхъу дэтхэ­нэми ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъэгъуэну!» - жиIащ Емузым.

- Си гуапэу сэри цIыкIухэм сехъуэхъуну сыхуейт ЩIэныгъэм и махуэмкIэ. ФокIадэм и 1-м школым япэу щIэбакъуэ цIыкIухэм, шэч хэмылъу, мыбдеж щIэ куэд къыщыфщIэнущ.Зыми и дежкIэ щэхукъым еджэгъуэ илъэсхэр псын­щIэу зэрыблэлъэтыр. Ауэ а зэманым нэхъ гуимыхуж щыIэкъым, япэ къэхутэныгъэхэм ущыхэтыр, япэу узыIущIэ ­ныбжьэгъухэр, уи япэ егъэджакIуэхэр щызэбгъэцIыхур абы щыгъуэщи. ДяпэкIэ школыр фи етIуанэ унэщ. Фи ­къару фемыблэжмэ, ехъулIэныгъэшхуэхэр фиIэнущ, - яжриIащ ныбжьыщIэхэм Егоровэ Татьянэ.

ЦIыкIухэм чэнджэщ щхьэпэхэр яритащ Шэнтыкъу Ирини. Ар къеджащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр ­зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес къигъэхьа хъуэхъу тхыгъэм.

Зэрыхабзэу, гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэу щыт япэ уэзджынэр кърагъэуащ. Апхуэдэ Iэмал иратащ япэ классым кIуа дэтхэнэми. ЦIыкIухэр япэ дерсым щIэсащ, а махуэм ахэр ирагъэплъащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артистхэм ­хуагъэхьэзыра теплъэгъуэхэм.

БЕЛГЪЭРОКЪУЭ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.