И ехъулIэныгъэм ефIэкIыжу.

Лъагэу дэлъеинымкIэ уры­сейпсо зэхьэзэхуэ «Лукашевич Юрийрэ Середкин Вячеславрэ я мемориал» зыфIащар, Челябинск щекIуэкIащ. Куэ­д зэрыпэплъауи, Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щыщ Акименкэ Михаил къе­фIэкIын зэпеуахэм къахэкIакъым.
Метри 2-рэ сантиметр 31-рэ лъагагъыр къы­зэринэкIри, ар ефIэкIащ езы дыдэм Екатеринбург щигъэува, илъэсым и дунейпсо рекордым.
ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэ­-хэр яубыдащ Цыплаков ­Даниилрэ Анищенков Ни­китэрэ. ТIури зэхуэдиз дыдэу - метри 2-рэ сан­тиметр 23-кIэ дэлъеящ - зыр нэхъ пасэу а лъагагъым щхьэдэхащ, мыдрейр къыкIэлъыкIуэ бгъэдыхьэгъуэрщ абы щыпэлъэ­- щар.
Фигу къэдгъэкIыжын­- щи, нэгъабэ илъэс 24-рэ ирикъуа Акименкэ Михаил Дохэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къихьащ. Абы и дежкIэ ар япэ балигъ зэ­хьэзэхуэ ину щытащ.
Иджы Акименкэ зы­хуе­гъэхьэзыр «Битва полов» зыфIаща, атлетикэ псын­щIэмкIэ зэ­хьэзэхуэм. Ар Мэзкуу дэт «Салют Гера­к­лион» спорткомплексым мазаем и 1-м щекIуэкIынущ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.