ТехникэщIэ кърат.

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм мэзхэр хъу­мэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм дыгъуасэ иратащ техникэщIэ 20.
А Iуэхум хэтащ УФ-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ­хэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ - Мэз IэнатIэмкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщI Аноприенкэ Сергей, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс, республикэ уна­фэщIхэр.
«Экология» лъэпкъ проектым хыхьэу, иджы етIуа­нэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрохьэ транспортыщIэхэр. Иджырей мардэхэм тет техникэр щIыпIэ нэхъ гугъухэми зэрыпхы­кIыфым и фIыгъэкIэ IэщIагъэлIхэр щIэх нос мэзхэм къыщыхъуа мафIэсым, псори зэщIимыщтэ щIыкIэ.
-Федеральнэ проектыр ягъэзэщIэн зэрыщIадзэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къратащ техникэ щхьэ­хуэу 30, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - 2020 гъэм дыпоплъэ иджыри 15 къы­тIэрыхьэну. Лэжьыгъэ мы­тынш къытпэщылъщ - 2024 гъэ пщIондэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ тщIын хуейщ мафIэсхэм я бжыгъэр, абыхэм зэраныгъэу къахьыр. ДиIэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу, езы ­мафIэсхэри къэдмыгъэхъуным ди нэIэ тедгъэтын ­хуейщ. ФIыщIэ яхуэтщIыпхъэу къызолъы­тэ, Iэмалышхуэхэр ябгъэдэмылъми, иджыри къэс мэзхэр хъу­мэным зи гуащIэ емыблэжу телэжьахэм. Си фIэщ мэхъу 2019 - 2020 гъэхэм диIэну техникэр абыхэм щIэгъэкъуэнышхуэ къахуэхъуну, икIи шэч къытесхьэркъым ди мэз IэнатIэр зыхуей хуэгъэзэным ахэр зэрегугъунум.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мэзым къыщагъэсэбэп техникэр илъэс пщIы бжыгъэ лъандэрэ зэрызэрамыхъуэкIар, абы къыхэкIыу УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и унафэщIхэм щIыналъэм зыкъызэрыщIагъэкъуам папщIэ фIыщIэ зэрахуи­щIыр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ..

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.