Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, хабзэ дахэ хъуауэ, республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр егъэлъапIэ.
ШыщхьэуIум и 30-м ар КъБР-м и Правительствэм щехъуэхъуащ цIыху 64-м. Абыхэм яхэтт щIыналъэм и мэкъумэшым, промышленностым, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым, ухуэныгъэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэм илъэс куэд хъуауэ зи гуащIэ хэзылъхьэхэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр.
КIуэкIуэ Юрий кърагъэблэгъахэм защыхуигъазэм, псом япэу фIыщIэ яхуищIащ я къару емыблэжу дэтхэнэри Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ.
- Фи зэфIэкIыр нэрылъагъущ. Шэч хэмылъу, ар щапхъэщ къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. - Нобэ дгъэлъапIэхэм яхэтщ республикэм и экономикэр нэхъыбэу зэлъыта IэнатIэм - мэкъумэшым - зезыгъэужь IэщIагъэлIхэр. ЗэрытщIэщи, иужьрей зэманым абыхэм къыщIагъэкIыр куэдкIэ нэхъыфI ящIыфащ икIи нэгъуэщI щIыналъэхэм абы и лъэныкъуэкIэ дапеуэфынущ. Мы зэманым республикэм инвестицэ Iуэхухэр хъарзынэу щагъэзащIэ, технологие пэрытхэр къыдогъэIурыщIэ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр КъБР-м и Iэтащхьэм зритахэм ящыщщ республикэм и IуэхущIапIэ ин куэд къэзыIэта Къущхьэ Амырхъан. КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, гугъуехь куэд щыщыIа 1990 гъэхэми абы хузэфIэ-кIащ мэкъумэш IэнатIэр къиIэтыну, жэуаплыныгъэ хэлъу лэжьащ «Госагропром»-м и унафэщIым и япэ къуэдзэу, КъБР-м мэкъумэшымрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министру. «Къущхьэ Амырхъан ещхь унафэщI IэкIуэлъакIуэхэм хуэдэхэм я фIыщIэщ зэман нэхъ гугъухэми ди мэкъумэш IэнатIэм хэщIыныгъэ зэримыIар, уеблэмэ нобэ ар зэрефIакIуэр», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
- Полупроводник Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI Налшык заводым и инженер нэхъыщхьэу къыщIэзыдзэу КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ къулыкъум нэсыфа, мы зэманым КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий техникэ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ епхауэ Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. КъБР-м и Правительствэм хэту экономикэ Iуэхухэр и нэIэм щыщIэтым, абы хузэфIэкIащ республикэм продукцэу къыщыщIагъэкIым хигъэхъуэжын. Иджыпстуи ар и гуащIэ еблэжыркъым, еджапIэ нэхъыщхьэр Урысей Ипщэм нэхъыфIу итхэм ящыщу ирегъэфIакIуэ. Мыпхуэдэ цIыхухэращ нобэ дызыгъэгушхуэр.