Калюжнэ уэрамымрэ нэгъуэщI IуэхущIапIитIрэ къызэIуах

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ къы­зэ­Iуихащ Калюжнэ уэрамым ирикIуэ гъуэгу зэрагъэпэщыжар. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и ­депутат, футболист цIэрыIуэу щыта  Газзаев Валерий, КъБР-м и Пра­вительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэхъыжь­хэмрэ щIалэгъуа­лэмрэ.

Республикэм щыпсэухэм защыхуигъазэм, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ Iуэхум и мыхьэнэр нэхъри  ин зэрищIыр фокIадэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэмрэ ЩIэныгъэмрэ я махуэшхуэхэр зэрагъэлъапIэм зэрытехуам.
- Мыпхуэдэ лэжьыгъэ къыщызэбнэкIым деж нэхъри ­утрегъэгушхуэ цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэн ­             Iуэху нэхъыбэ зэрызэфIэбгъэкIыным. Илъэс куэд хъуауэ ­дегупсысырт мы уэрамыр зэIузэпэщ зэрытщIыну Iэ­малхэм икIи икъукIэ си гуапэщ республикэм щыпсэу-       хэр зыщыгуфIыкIыну лэжьыгъэм дызэрыпэлъэщар, - жиIащ КIуэкIуэ Юрий. – Мы гъуэгур сэбэп хъунущ къа­лэкум автомашинэхэр щызэтримыхьэнымкIэ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къытхуигъэув къалэн пажэхэм ящыщ Iуэху зэфIэтхащ - ар, зэрыжысIащи, цIыхухэм я псэукIэр едгъэфIэкIуэну ди пщэрылъу зэрыщытырщ. ЦIыхухэр зыгъэпIейтей, илъэс куэд хъуауэ унафэ зымыгъуэт мы Iуэхур зэрызэфIэтхам сыщогуфIыкI. Сыщогугъ Налшык къалэм и мызакъуэу, республикэм щыпсэу псори мы гъуэгум арэзы ищIыну.
Калюжнэ уэрамым къыщызэIуаха гъуэгущIэр япэ ка­тегорием хохьэ, лъэныкъуиплIу гуэшащ, уэшхыпсыр зэ- ­ры­лъэдэнухэр хуащIащ, лъэс лъагъуэхэмрэ машинэ гъэувыпIэхэмрэ иIэщ, гъуэгубгъухэр къагъэнэхуащ. ­Калюжнэм къыдэкIуэу, Эльбрусскэ, Комаровэ, Щэрданым, КIыщокъуэм, Толстойм я уэрамхэри зэрагъэ­пэ­щыжащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ архитектор-хэм, гъуэгу IэнатIэм, «Водоканал» IуэхущIапIэм, электросетым я лэжьакIуэхэм. Зы жэщ-махуэм ику иту машинэ мин 30-м нэблагъэ абы щызэблэкIыфынущ.
ГъуэгущIэр  къыщызэIуахым  япэу ирикIуэну хуит ящIащ техникэ хэхахэмрэ хьэлъэзешэхэмрэ. Абыхэм якIэлъыкIуащ «Эдельвейс» клубым хэт картингист ныбжьыщIэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, картингым респуб­ликэм зыщиужьын 1973 гъэм и жэпуэгъуэм щIидзауэ зэрыщытар.  Гъуэгум  ирикIуэну  зыхуагъэфэщахэм  ­яхэтт Налшык 2006 гъэм къыщызэIуаха пасэрей автомобиль клубым и машинэхэр. Автоколоннэм хэту уэрамым ­ирикIуащ мотоциклистхэмрэ цIыхубэр къезышэкI транспорт зыбжанэрэ.
КIуэкIуэ Юрий а махуэм къызэIуихащ «Б. Браун Ави­-тум Руссланд» ООО-м япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ­щиухуа (къэралым апхуэдэу 56-рэ щегъэлажьэ) ДиализымкIэ центрыщIэр. Ар инвесторхэм я ахъшэкIэ яухуащ икIи пщIэншэу абдеж сымаджэхэм Iуэхутхьэбзэ­хэр щыхуащIэнущ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.