Тезырыр зыпшыныжхэми ИлъэсыщIэр ягъэлъэпIащ.

ЩIыналъэ УФСИН-м тезырхэр щагъэзэкIуэж и IэнатIэхэм ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм, хабзэ зэрыхъуауэ, щрагъэкIуэкIащ щэнхабзэ, спорт Iуэху гуа­пэхэр. ПIалъэкIэ жылагъуэм пэIэщIэ хъуа цIыхухэм Iэмал ягъуэтащ я зэфIэкI ягъэлъэгъуэну.
А махуэхэм ирагъэкIуэкIащ сурэт щIыным, усэ къе­джэным, акъыл жанагъ къэбгъэлъагъуэу упщIэм жэуап ­ептыным теухуа зэпеуэхэр. Ахэр зэхьэзэхуащ пщэфIэнымкIэ, илъэсыщIэ хьэпшып цIыкIухэр щIынымкIэ. Къи­щынэмыщIауэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм тхьэелъэIухэр ирагъэкIуэкIащ. Тезырыр зыпшыныжхэр ирагъэплъащ Хэкум, цIыхугъэм теухуа кинофильмхэм.
УФСИН-м и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ, нардхэмкIэ зэпеуэхэр. Алэкъей Залым и унафэм щIэт «Мелодия добра» псапащIэ фондым и артисхэр хэту концертхэр къызэрагъэпэщащ. Абыхэм ягъэзэщIащ адыгэ, урыс, хамэ къэрал эстрадэ уэрэдхэр. А программэм хыхьащ къафэхэр, зэпеуэхэр.
ИлъэсыщIэр щагъэлъапIэм къриубыдэу уголовнэ-гъэ­зэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм, къулыкъур езыхьэкI лэжьакIуэхэм я сабийхэм иратащ илъэсыщIэ тыгъэхэр.
КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэм къызэри­тащи, щэнхабзэ, спорт Iуэхухэр лъабжьэ хуэхъуащ кабель ­телевиденэм и студием игъэхьэзыру тезырыр щапшыныж IуэхущIапIэ псоми щагъэлъэгъуа репортажым.

Дыгулыбгъу Жантинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)