Бахъсэн щIыналъэм илъэсыщIэ гуфIэгъуэр щрахьэжьащ.

Кременчуг-Констатиновскэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «ЩIымахуэ таурыхъ» зыфIаща концерт гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Псыхъурей, Куба, Кременчуг-Констатиновскэ, Бахъсэнёнкэ, Кыщпэк къуажэхэм дэс унагъуэ хуэмыщIахэмрэ бын куэд зиIэ унагъуэхэмрэ я сабийхэм папщIэ. Ахэр ИлъэсыщIэ псейм и лъабжьэм къыщыфащ, щыджэгуащ.
ГуфIэгъуэм и кIэухым абы хэта сабий псоми IэфIыкIэхэр иратащ.
Апхуэдэ дауэдапщэхэр Къулъкъужын Ищхъэрэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэхэми къыщызэрагъэпэщащ икIи псори зэхэту сабий 220-м я нэгу зрагъэужьащ.
ПсапащIэ Iуэхухэр къызэрагъэпэщащ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и жэрдэмкIэ.

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ