Жыджэру лъы ят.

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ ­къудамэм и дзэ часть щхьэхуэм «Наш дар во имя жизни» фIэ­щыгъэр иIэу лъы яту псапащIэ Iуэху щхьэпэ илъэсыщIэм и пэ къихуэу щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI­хэмрэ Лъы щат республикэ станцымрэ зэгъусэу.
Псом япэу дохутырхэм лъы зы­тынухэм я узыншагъэр къапщытащ. Сыхьэт зыбжанэм къриубы­дэу цIыху 50-м щIигъум лъы литр 32-рэ ятащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и медицинэ IуэхущIапIэхэм папщIэ.
Лъы щат республикэ станцым и ­къудамэхэм ящыщ зым и унафэщI, дохутыр-трансфузиолог АфIэунэ ­Майе фIыщIэ ищIу жиIащ Урысей гвар­дием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэ­жьакIуэхэмрэ абы къулыкъу щы­зыщIэхэмрэ икъукIэ дэIэпыкъуэгъуш­хуэ къазэрыхуэхъур, адэкIи зэдэ­лэ­жьэну зэрыгугъэр.
- Лъы зытхэм я фIыгъэкIэ сымаджэ куэдым Iэмал яIэщ зэфIэувэжыну. Абы мыхьэнэуэ иIэр къып­хуэ­лъытэнукъым. А Iуэху щхьэпэм хэтхэр лъы хуэныкъуэ сымаджэ мин бжыгъэхэм сэбэп яхуохъу, - жиIащ Урысей гвардием КъБР-м щиIэ ­къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей.
Къыхэдгъэщынщи, Урысей гвар­дием и щIыналъэ къудамэм къулыкъу щащIэ щIыхь зиIэ донору цIыхуи 6-м, абы и лэжьакIуэ 20-м щIэх-щIэхыурэ лъы ят.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)