Унафэхэр зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытын хуейщ

УФ-м и Президент Путин В. В. шыщхьэуIум и 29-м Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъэзар.

Урысейм и цIыхухэу пщIэ зы­хуэсщI­хэ! Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м Правительствэм Къэрал Думэм къыщыхилъхьащ Пенсэ Iуэхум зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теу­хуа законопроектыр. Ар къэралым и Парламентым япэ къеджэгъуэу бадзэуэгъуэм и 19-м къищтащ. Мыр нэхъыщхьэу зытеухуар, и лъабжьэу щытыр пенсэмкIэ системэр дяпэ илъэс куэдкIэ зэпIэзэрыту икIи ­финансхэм я лъэныкъуэкIэ зэтету щытынырщ, апхуэдэу щыщыткIэ, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэм кIэрымыгъэхуным и мызакъуэу, а хэхъуэхэр нэхъыбэ щIы­нырщ.
Апхуэдэ мурадхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, нэгъуэщI Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэхэм къадэкIуэу, законопроектым къегъэув пенсэм щыкIуэ ныбжьыр нэхъыбэ ящIурэ екIуэкIын хуейуэ. КъызгуроIуэ апхуэдэ Iуэху­хэм цIыху мелуанхэм, дэтхэнэ зы цIыхуми я дежкIэ яIэ мыхьэнэр зэрыиныр. Аращ сэ нобэ занщIэу зы­щIыфхуэзгъазэр - Правительст­вэм къыхилъхьэ а зэхъуэкIыныгъэхэм зэпкърыхауэ сытепсэ­лъы­хьын, абыхэм сызэреплъыр нывжесIэн, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу къэслъытэ IуэхухэмкIэ сывдэгуэшэн папщIэщ.
Псом япэу фигу къэзгъэкIыжынщ пенсэм щагъакIуэ ныбжьым хэгъэхъуэным теухуа зэныкъуэкъухэр зэ­ры­мыщIэкIэ къызэремыжьар, ахэр къыщыкъуэкIар нобэу зэрыщымы­тыр. Абыхэм совет лъэхъэнэми, 90 гъэхэми тепсэлъыхьащ. Ауэ щхьэу­сыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэ­кIыу унафэ къамыщтэурэ екIуэ-кIащ.
МинитI гъэхэм я пэщIэдзэм Урысейм и Правительствэм хэтхэми экспертхэм ящыщ куэдми трагъэ­чыныхьу щIадзащ пенсэ Iуэхум теу­хуа реформэ егъэкIуэкIын, пенсэм щагъакIуэ ныбжьыр къэIэтын зэ­рыхуейм.
Абы папщIэ лъабжьэ пыухыкIахэр щыIэт. Нэрылъагъут 2020 гъэхэм ирихьэлIэу дэ демографием пыщIа гугъуехьхэм дазэрыIууэнур. Сытыт абыхэм я щхьэусыгъуэр?
Илъэс 25 - 27-рэ къэс унагъуэ щы­зэрагъэпэщ, бын щагъуэт ба­лигъ гъащIэм хыхьэхэм я бжыгъэр зэ­рыщытын хуеям нэхърэ нэхъ ­мащIэ хъууэрэ йокIуэкI. Ар къы­зыхэкIыр ­Хэку зауэшхуэм и зэманым демо­графие хэщIыныгъэ ин зэрыд­гъуэтарщ. ХэкIуэдахэм къа­дэкIуэу, абыхэм хеубыдэ зауэ илъэсхэм къамылъхуу къэна цIыху мелуанхэр.
Апхуэдэу зи бжыгъэм кIэрыхуа зи чэзу щIэблэр балигъ гъащIэм щы­хыхьа лъэхъэнэр хуэзащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм я кум. Мис а зэман дыдэм къэралым къы­жьэхэуащ экономикэ, социальнэ кризис хьэлъэмрэ абы и лъэужь гузэвэгъуэмрэ. Абы етIуанэ демо­графие удын иныр къыдидзащ. Аргуэру абы щыгъуэ сабийуэ дунейм къытехьар нэхъ мащIэщ псори зыхуэплъам нэхърэ. 90 гъэхэм я кIэу­хым и апхуэдэ демографие уды­ныр зауэр щекIуэкIа 1943, 1945 гъэхэм къытхуахьам еплъыт хъунущ.
ИкIи мис, 90 гъэхэм къалъхуа щIэблэу зи бжыгъэр мащIэр иджы лэжьэгъуэ ныбжьым йоувэ. Абы къыхэкIыу пенсэмкIэ системэм къытехуэ хьэлъэр нэхъри нэхъ ин мэхъу, сыту жыпIэмэ пенсэ ахъшэр къэзылэжьынухэм я бжыгъэм кIэ­роху, лэжьапIэ Iутхэм пенсэмкIэ ­IэнатIэм халъхьэ взносхэр нобэрей пенсионерхэм, ди адэ-анэхэм яIэ­рыхьэу аращи. Мыдрейхэми, езы­хэр щылэжьа зэманым взносхэр ­хухахыу щытащ ди адэшхуэхэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным.
А псоми къикIыр гурыIуэгъуэщ - лэжьэгъуэ ныбжьым итхэр нэхъ ­мащIэ хъуху пенсэхэр тынымрэ ахэр нэхъыбэ щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр кIэроху. Апхуэдэу щыхъукIэ, зэ­хъуэкIыныгъэхэр егъэкIуэкIын ­хуейщ.
Ауэ 2000 гъэхэм сэ зэхъуэкIыныгъэхэр дэсIыгъыу щытакъым. Ап­хуэдэ си Iуэху еплъыкIэр зэхуэщIауэ едгъэкIуэкI зэIущIэхэми утыку зэIухахэми щыжысIэрт. Псалъэм пап­щIэ, 2005 гъэм «Псалъэмакъ зэIухахэм» ящыщ зым сэ пыухыкIауэ щыжысIауэ щытащ Президентым         и полномочиехэр згъэзэщIэху ап­хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэры­щы­мыIэнур.
Урысейм и Президентым и къулыкъум сыкъыщыIукIа 2008 гъэм пенсэмкIэ IэнатIэм и щытыкIэм зэ­хъуэкIыныгъэ игъуэтатэкъым. Сэ иджыпсту къызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ лъабжьэ псори иIэт, социальнэ и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ - захуагъэ хэлът. Шэч лъэпкъ къытесхьэркъым 2000 гъэхэм я пэщIэдзэмрэ абыхэм я кумрэ пенсэм щыкIуэ ныбжьым хэбгъэхъуэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытам.
Фигу къэзгъэкIыжынщ а зэманым къэралым иIа псэукIэр. Абы щыгъуэ экономикэр лъэ быдэкIэ зэтеуватэкъым, къэрал кIуэцI валовэ продуктыр цIыкIут, лэжьапщIэр мащIэ дыдэт. ЛэжьапIэншэхэр егъэлеяуэ куэдт, ахъшэм и пщIэри нэрылъагъуу кIэрыхурт. Къэралым щыпсэухэм я Iыхьэ плIанэм нэсыр тхьэмыщкIэ дыдэт. Ику иту цIыхухэр зэрыпсэур илъэс 65-м щIигъу къудейт.
Апхуэдэ социальнэ, экономикэ щытыкIэм дыщит лъэхъэнэм пенсэм щагъакIуэ ныбжьым хэдгъа­хъуэу щIэддзэрэ, абы и хьэкъкIэ, иджыпсту хуэдэу, пенсэхэр нэхъыбэ тщIыну дыхуежьамэ, сытыт абы дызыхуишэнур? Унагъуэхэм ящыщ куэдым, псом хуэмыдэу къалэ цIыкIу­хэмрэ къуажэхэмрэ дэсхэм, яфIэкIуэдынут я хэхъуэхэм я хэ­кIыпIэ нэхъыщхьэр. ЛэжьапIэр зэ­рызэпэубыдам къыхэкIыу цIыхухэм IэнатIэ ягъуэтынутэкъым, пенсэм кIуэнуи Iэмал яIэнутэкъым. Пенсэм щIагъужынкIэ хъуну ахъшэри абы и пщIэм зэрыкIэрыхум дэкIуэды­жынурэ, тхьэмыщкIагъэм хэтхэм я бжыгъэм нэхъри хэхъуэну арат.
ЯпэщIыкIэ 90 гъэхэм екIуэкIа гузэвэгъуэхэм я лъэужьыр къызэ­нэкIын, экономикэм зегъэужьын, социальнэ гугъуехь инхэр дэгъэкIын хуейт.
АтIэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIа? Дэ зэманыр пщIэншэу дгъэкIуэ­дакъым. Дэ - цIыхухэри, властри, къэралри - дылэжьащ.
Дызыхуеинум хуэдиз ахъшэ зэдгъэпэща нэужь дэ ар хуэдунэтIащ социальнэ зыужьыныгъэм, ди цIыху­бэр хъумэным. Зэман кIы­хьым тещIыхьа демографие Iуэху­хэр, абыхэм хиубыдэу етIуанэ сабий зыгъуэта анэхэм ядэIэпыкъуным-кIэ программэр дгъэзащIэу щIэддзащ. Абы IуэхуфIхэр кърикIуащ икIи блэкIа илъэсипщIхэм къэ­хъуауэ щыта демографие кIэрыху­ныгъэхэр зыбжанэкIэ игъэзэкIуэжащ. Дэ экономикэм щыIэ гугъуехь инхэр къызэднэкIащ икIи 2016 гъэм щегъэжьауэ экономикэм и зэфIэ­кIыр зэпIэзэрыту хэхъуэу хуежьащ. Иджыпсту лэжьапIэншагъэм и лъэныкъуэкIэ Урысейм и Iуэхур 1991 гъэ лъандэрэ нэхъыфI дыдэщ.
Дауи, дэ иджыри зэфIэдгъэкIын хуейуэ куэд диIэщ. Лэжьыпхъэхэр щымащIэкъым гъащIэм и фIагъымрэ цIыхур зэрыпсэур зыхуэдизымрэ зэлъыта IэнатIэми узыншагъэр хъумэнми. Ауэ, шэч къы­зы­тумыхьэжынур аращи, къэралым зэфIигъэкIа Iуэхухэм, апхуэдэу цIыхухэр я узыншагъэм нэхъ кIэ­лъыплъыжу зэрыхуежьам я фIы­щIэкIэ иджыпсту Урысейм и цIыху­хэм я гъащIэр дуней псом щынэхъ кIыхьхэм ящыщщ. Иужьрей илъэс 15-м къриубыдэу ар илъэси 8-м нэблагъэкIэ (илъэси 7,8-кIэ) нэхъы­бэ хъуащ.
СощIэ дэ псоми статистикэм дзыхьышхуэ хуэдмыщIу дыкъызэ­рекIуэкIыр. Зэрыхабзэщи, дэ ди фIэщ хъур гъащIэм щытлъагъурщ, ихъуреягъкIэ тлъагъурщ. Пэж ды­дэу языныкъуэхэм гъащIэшхуэ яIэщ, ауэ ди Iыхьлыхэм, ди цIыхугъэхэм ящыщ гуэрхэр пасэ дыдэу дунейм йохыж. Ауэ мыбдеж зи гугъу тщIыр Урысейм цIыхур зэрыщып­-сэу зэманыр лъэныкъуэ псори къэлъытауэ къызэрабжырщ икIи абы Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Органи­зацэм и экспертхэр щыхьэт зэрыте­хъуэрщ.
Дэ къалэну зыхуэдгъэувыжащ дызыхуэкIуэ илъэсипщIым и кIэу­хым цIыхур ику иту зэрыпсэур илъэс 80-м щIигъун хуейуэ. ИкIи тхузэфIэкI псори длэжьынущ ди къэралым исхэр узыншэу щытын, абыхэм ­гъащIэ кIыхь яIэн папщIэ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
Алъандэрэ сызытепсэлъыхьа псори лъабжьэ пыухыкIам тетщ икIи иджыпсту щыIэ щытыкIэр къагъэлъагъуэ. А псори хъарзынэщ. Ауэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр цIыху минищэхэм, мелуанхэм я сэбэп зыхэлъхэм зэратещIыхьар зыхэтщIэу икIи къэтлъытэу щытын хуейщ. Абыхэм ящыщ языны­къуэхэр пенсэм зэрыкIуэнум икIи зэман нэхъыбэ унагъуэм, сабийхэм, къуэрылъху-пхъурылъхэм зэрытрагъэкIуэдэнум йогупсыс. Адрейхэм я мурадщ адэкIи лэжьэну икIи къратыну пенсэри хэхъуэм и гуэдзэну къагъэсэбэпыну. Апхуэдэ хуитыныгъэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм яIэщ. Ауэ иджы а псори зэманкIэ гъэIэпхъуа мэхъу.
ГурыIуэгъуэщ цIыху куэдым апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къазэре­хьэлъэкIыр. Сэ ар фIыуэ къызгуроIуэ икIи псэкIэ зыхызощIэ. Ауэ девгъэплъыт дызыхэдэ хъуну диIэ хэкIыпIэхэм.
Пенсэхэр зэрыцIыкIум арэзы ды­техъуэу пенсэм и IэнатIэр зэIыхьэху, лъэлъэжыху дыпэплъэну? ФIэ­кIы­пIэ зимыIэ Iуэху гугъухэр дгъэIэп­хъуэу къыкIэлъыкIуэ щIэблэм къы­хуэдгъэнэну, е илъэс 15 - 20-м къриубыдэу къэралыр зыхуэкIуэнур къэт­лъытэу тхуэфащэ Iуэхухэр длэ­жьыну?
Къытезгъэзэжынщи, пенсэм и IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэры­щрагъэкIуэкIынум, - цIыхухэр пенсэ щагъакIуэ ныбжьым зэрыхагъэ­хъуэнум псори егъэпIейтей. Ап­хуэдэу щыщыткIэ, политикэ къарухэм, псом япэу оппозицэм, ар ­къагъэсэбэпынущ я цIэр ягъэIун, я пщIэр къаIэтын папщIэ. Демократием и хабзэм тет дэтхэнэ жыла­гъуэми апхуэдэ политикэ хэщIыныгъэхэр Iэмал имыIэу егъуэт. Ап­хуэдэу щыт пэтми, сэ Правитель­ст­вэм селъэIуну сыхуейщ сэбэпынагъ къызыпыкIынкIэ хъун Iуэхуу къы­халъхьахэм, оппозицэм къиIэтахэри абыхэм яхэту, икъукIэ набдзэгуб­дзаплъэу хэплъэну икIи къигъэ­сэ­бэпыну.
Иджырей, иджыпсту лажьэ влас­тым и гугъу пщIымэ, абы и дежкIэ нобэ нэхъ тыншыр, нэхъ къызэ­рыгуэкIыр зыри имыхъуэжынырщ. Гугъуехь пыухыкIахэр щыIэми, иджыпсту урысей экономикэр зэ­пIэ­зэрытщ. Бюджетым иIэщ Пенсэ фондыр зэрыригъэкъун мылъку. Я нэхъ мащIэ дыдэ хъуамэ, дэ иджыри илъэси 7 - 10-кIэ ягъэува пIалъэхэм ирихьэлIэу пенсэм хэдгъахъуэу декIуэкIыфынущ.

Ауэ дэ дощIэ, апхуэдэурэ едгъэкIуэкIмэ, пенсэм хигъэхъуэн папщIэ къэралым Iэмал щимы­гъуэтыжын зэманыр къызэрысынур. ИужькIэ езы пенсэхэри и чэзум яхуэмытыжу хуежьэнкIэ ­хъунущ, 90 гъэхэм зэрыщытам хуэдэу.
Феплъыт, 2005 гъэм лэжьапIэ Iут цIыхуу пенсэ фондым взносхэр зэкIэлъыкIуэу къыщыIэрыхьэу щы­та­хэр 1.7-рэ, жьыгъэкIэ пенсэ зратхэр 1 хъууэ щытащ. 2019 гъэм зы лэжьакIуэ къэс пенсионеру тIу хуэзэу щытынущ. Абы къыхэкIыу иджыпсту зыхуэфащэ псори ды­мылэжьмэ, пенсэ IэнатIэм и хэ­хъуэхэр кIэрымыхуу къытхузэтегъэнэнукъым, апхуэдэу щыщыткIэ, нобэрей пенсионерхэми къы­кIэлъыкIуэ зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэр нэхъ мащIэ хъунущ. ЛэжьапщIэм елъытауэ пенсэхэр фIэкIыпIэ имыIэу нэхъ мащIэ хъууэрэ кIуэнущ.
Ауэ дэнэ адэкIэ зыкIэрыбгъэхунур? Арыншами пенсэхэр иджыпсту мащIэ дыдэщ икIи ди нэхъыжь­хэм къэралым зегъэужьыным хащIыхьам зыкIи езэгъыркъым. Дэ абыхэм я щIыхуэшхуэ ттелъщ.
Пенсэ IэнатIэм щегъэкIуэкIыпхъэу къалъытэ зэхъуэкIыныгъэ-хэм пенсионерхэм я хэхъуэхэр къызэтрагъэнэн къудейкъым, атIэ а хэхъуэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ щIыныр къызэрагъэпэщынущ.
2019 гъэм жьыгъэкIэ цIыхухэм ират пенсэм проценти 7 хуэдиз ­хущIагъунущ, ар 2018 гъэм ахъшэм и пщIэм зэрыкIэрыхуну къалъытэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Ику иту къапщтэмэ, илъэсих благъэм къриубыдэу дэ лэжьапIэ Iумыт пенсионерхэм къаIэрыхьэ ахъшэр гъэ къэс сом минкIэ нэхъыбэ тхуэ­щIынущ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, лэ­жьапIэ Iумыт пенсионерхэм ику иту мазэм сом мин 20 къаIэрыхьэу хуежьэнущ. (Иджыпсту ар зэры­хъур сом мин 14-рэ соми 144-рэщ). АдэкIэ, 2024 гъэм и ужькIэ, зэ­хъуэкIыныгъэхэр сэбэп хъунущ страховой пенсэхэр гъэ къэс ахъ­шэм и пщIэм зэрыкIэрыхум ­нэхърэ нэхъыбэу хагъэхъуэнымкIэ.
Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ гъэ къэс пенсэхэм зэрыхагъэхъуэну щIыкIэр пенсэ IэнатIэм зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ законопроектым зэрыхэгъэхьэпхъэр. Ар зэфIэгъэкIын хуейщ Къэрал Думэр документым етIуанэ къе­джэгъуэу щыхэплъэнум ирихьэлIэу.
ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIэупщIапхъэщ цIыхухэр пенсэм щагъакIуэ ныбжьым химыгъахъуэу, пенсэ IэнатIэр зэпIэзэрыту зэтегъэувэ­нымкIэ щыIэ нэгъуэщI Iэмалхэм Правительствэр хэплъарэ хэмып­лъарэ. Шэч хэлъкъым, хэплъащ.
Сэ зэрыхуэзгъэувам тету, Правительствэм а лэжьыгъэр иджыри къэс иригъэкIуэкIащ. ХэкIыпIэ псори куууэ зэпкърахащ икIи зэ­палъытащ. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм сэбэпынагъышхуэ яIэнукъым. Нэхъыбэ дыдэу уазэры­щы­гугъынур гъуанэ гуэрхэр ягъэ­быдэнырщ. Нэхъ Iеижхэри яхэтщ, къэралым и экономикэр зэIагъэ­хьэнкIэ хъуну.
Феплъыт, псалъэм папщIэ, фейдэ къызрикIуэну, захуагъэ зыхэлъу къыпщыхъун Iуэхум - хэхъуэхэмкIэ налогыр къыщабжкIэ ахъшэшхуэ къэзылэжьхэм къыIахыр нэхъыбэ щIыным тещIыхьа Iэмалыр къэгъэсэбэпыным. ФинансхэмкIэ министерствэм къызэрибжамкIэ, апхуэдэ Iэмалыр къагъэсэбэпрэ хэхъуэшхуэ зиIэхэм ят налогыр процент 20-м нагъэсмэ, абы илъэсым къыпэкIуэнур сом мелард 75 - 120-рэ хуэдизщ, абы нэмысынкIи ­хъунущ. Апхуэдиз ахъшэр сыт хуэдэу зэрагъэзахуэми, махуих­кIэ яхурикъуну аращ, сыту жып­Iэмэ, Урысейм пенсэхэр щатын ­папщIэ махуэ къэс сом мелард 20 яIэн ­хуейщ.
Апхуэдэу къыхалъхьащ къэрал мылъкум щыщ Iыхьэ, псалъэм пап­щIэ, Пенсэ фондым унэу иIэр, абыхэм щIыналъэ къудамэхэм я унэхэри хэту, ящэну. Пэжщ, мы IэнатIэм лэжьапIэ унэхэр щIыным­-кIэ иригъэлеящ, абыкIэ сэри сыакъылэгъущ. ЦIыхухэр абы иризэ­гуоп. Сэ абыхэм срателъхьэщ. КъызэрабжамкIэ, а ухуэныгъэ псоми сом меларди 120-рэ и уасэщ. Ауэ а псори тщэрэ къыщIэкIар хэтлъхьэмэ, пенсэхэр махуих хуэдизкIэ тхуэтыну аращ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ари хэкIыпIэкъым.
ЩIыдагъэ, газ компаниехэм, гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплек­сым налог лей телъхьэнри къы­халъхьэ. ЗанщIэу нывжесIэнщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ тхузэхуэхьэсыну ахъшэри пенсэхэр нэхъыбэ дыдэу мазитI хуэдизкIэ тыным хурикъуну аращ. АтIэми къэралым пенсэм-кIэ и системэр щытыкIэ дзыхьщIыгъуэджэм иувэнущ, углеводородхэм дунейпсо рынокым щаIэ уа-сэм зэрызихъуэжым елъыта ­хъунурэ.
АтIэ щIыдагъэмрэ газымрэ къыт­хуахь хэхъуэхэм я хьэкъкIэ къызэрагъэпэщ гъэтIылъыгъэ фон­дхэм я мылъкур нэхъ тэмэму къытхуэгъэсэбэпыну пIэрэ? Ар зы зэман гуэркIэ къезэгъынущ. Ауэ, зэрыжысIащи, куэдрэ къызэры­хъум хуэдэу, а товархэм я уасэхэр пщэдей ехуэхмэ-щэ? ГъэтIылъыгъэхэр зэман кIэщIым, мазэ зыбжанэм къриубыдэу иухынущ. ЦIыхухэм я гъащIэр, абыхэм я пенсэхэр, хэхъуэхэр щIыдагъэм и уасэу махуэ къэс зызыхъуэжым елъытауэ убзыхуныр къезэгъыркъым.
Пенсэ фондым хуаутIыпщ ахъ­шэм адэкIи хэдгъахъуэмэ ­хъуну пIэрэ? Абы хущыщIэ ахъшэр ­федеральнэ бюджетым и мылъкукIэ иридгъэкъуфыну? Зэры­жыс­Iащи, абы папщIэ зэкIэ иджыри тхурикъун мылъку щыIэщ. Ипэ­жыпIэкIэ ахъшэ щыIэщ. Ауэ феп­лъыт Iуэхур къызэрекIуэкIым.
Дызэрыт илъэсым а мурадхэм папщIэ бюджетым сом триллиони 3,3-рэ къиутIыпщащ, абы щыщу сом триллион 1,8-рэ страховой пенсэхэр тыным трагъэкIуэдэнущ. Зыхуэдгъэувыжа къалэныр дгъэзащIэу пенсэр ику иту сом мин ­20-м нэдгъэсрэ, зыри зэдмы­хъуэкIыу едгъэкIуэкIмэ, Пенсэ фон­дым ­хуримыкъур хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ хъунущ икIи сом триллиони 5-м нэсынущ. Ар нэхъыбэщ лъэпкъ ­зыхъумэжыныгъэмрэ къэ­ра­лым и шынагъуэншагъэр къы­зэгъэпэ­щынымрэ трагъэкIуадэ ахъшэ псоми нэхърэ.
Апхуэдэ гъуэгур къыхэтхмэ, дэ гувами-щIэхами финанс IэнатIэр ­зэтеткъутэнущ, щIыхуэм дыщIигъэнэнкIэ икIи мылъкукIэ къы­зэмыгъэпэща ахъшэ теддзэу ды­хуежьэнущ. Абы кърикIуэнур гу­рыIуэ­гъуэщ: ахъшэм и уасэр хуабжьу ехуэхынущ, тхьэмыщкIэхэм я бжыгъэм хэхъуэнущ. Мылъкур зэ­рытхуримыкъум къыхэкIыу къэ­ралым и шынагъуэншагъэр нэгъэсауэ къытхузэгъэпэщынукъым. Нэ­хъыщ­хьэ дыдэу щыт къалэн-хэр: егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ зегъэужьыныр, сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпы­къуныр, гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ ухуэныр, псэукIэм и фIагъыр къэIэтыныр къытхузэгъэ­пэщынукъым. Дэ экономикэ, тех­­нологие зыужьыныгъэм и лъэ-­­
ныкъуэкIэ адрей къэралхэм Iэмал имыIэу дакъыкIэрыхунущ.
Абы къыхэкIыу иджыпсту зыри дымылэжьмэ е мыхьэнэшхуэ зимыIэ Iуэхухэр щIэгъэкъуэн къэт­щIыну дыхуежьэмэ, ар къэралми ди сабийхэми яхуэгъэзауэ тэмэмкъым.
Къытезгъэзэжынщи, пенсэмкIэ системэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным теухуауэ къагъэлъа­гъуэ­хэм сэ илъэс куэдкIэ хуабжьу сакъыу, дзыхь сымыщIу сыбгъэ­дыхьащ. Уеблэмэ языныкъуэхэм деж апхуэдэ мурадхэр ткIийуэ къызэпызудырт. Ауэ демографие зыужьыныгъэмрэ лэжьапIэ IэнатIэмрэ ехьэлIауэ зэтеувэу ­хуежьа щытыкIэм къегъэлъагъуэ адэкIэ зыри дымылэжьу едгъэ­кIуэкI зэрымыхъунур. Ауэ дэ къатщтэ унафэхэр захуэу, зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытыпхъэщ.
Абы къыхэкIыу апхуэдэ унафэ­хэм япыщIа гугъуехьхэр Iэмал зэриIэкIэ зыгъэмэщIэну Iуэху зыбжанэ къыхызолъхьэ.
Япэр. Законым и проектым къыщыгъэуващ цIыхубзхэр пенсэм щыкIуэну ныбжьыр илъэси 8-кIэ нэхъыбэ ящIу илъэс 63-м ­нагъэсыну, ауэ цIыхухъухэм пап­щIэ а ныбжьым илъэситху щIагъуу аращ. Апхуэдэу хъунукъым. Ар тэмэмкъым. Ди къэралым цIыху­бзхэм хэхауэ щахуосакъ. Дэ къыдгуроIуэ ахэр лэжьапIэ IэнатIэм зэрыпэрытым къыдэкIуэу, зэрыхабзэщи, унэри, унагъуэри зэрызэ­рахьэр, сабийхэр зэрапIыр, къуэ­рылъху-пхъурылъхухэм зэрелIалIэр.
ЦIыхубзхэр пенсэ щыкIуэну зэманыр цIыхухъухэм ейм нэхърэ нэхъыбэкIэ гъэIэпхъуэн хуейкъым. Абы къыхэкIыу законым и проектым цIыхубзхэм папщIэ къыщыгъэлъэгъуа илъэси 8-р илъэси 5-м нэсу гъэмэщIапхъэу къызолъытэ.
АдэкIэ. Дэ дегупсысын хуейщ сабий куэд зиIэ анэхэр и пIалъэр къэмысу пенсэм кIуэну хуитыныгъэ яIэнми. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубзым сабиищ иIэмэ, ар пенсэ кIуэ хъунущ илъэсищкIэ нэхъ пасэу. БыниплI иIэ - илъэсиплIкIэ нэхъ пасэу. Сабиитху е нэхъыбэ зиIэхэр пенсэ зэрагъакIуэр иджыпсту зытет хабзэм къытенэжыпхъэщ - илъэс 50-м пенсэ кIуэфынущ ахэр.
ЕтIуанэу. ЗэрыжытIащи, пенсэм щыкIуэ ныбжьым мащIэ-мащIэу­рэщ зэрыхагъэхъуэну я мура­дыр. ГъащIэм къахуигъэув щы­тыкIэ­щIэхэм есэжын, езыхэм яIа му­радхэри абыхэм траухуэжын хуэдэу. Ауэ фIыуэ къызгуроIуэ ­пенсэм щагъакIуэ ныбжьыр зэры­IуагъэкIуэтым къыдэкIуэну гугъуехьхэр япэу зыхэзыщIэнур зи пен-сэ кIуэгъуэр къэсахэр зэрыарар. Абы гъунэгъу дыдэ хуэхъуахэрщ. ИкIи ар дэ къэтлъытэн хуейщ.
Абы ипкъ иткIэ къыхызолъхьэ щыIа хабзэжьымкIэ илъэситI гъу­нэгъум къриубыдэу пенсэм кIуэн хуеяхэм худэчыхыныгъэ хэха хуа­щIыну - цIыхухэм пенсэр зэрыхуа­гъэувыну хабзэщIэм къызэригъэувым нэхърэ мазихкIэ нэхъ пасэу апхуэдэхэр пенсэм ягъэкIуэну. Псалъэм папщIэ, пенсэ щагъакIуэ ныбжьым зэрыщIагъум ипкъ иткIэ 2020 гъэм и щIышылэм пенсэм кIуэн хуейуэ арамэ, апхуэдэ лэ­жьакIуэм Iэмал иIэнущ 2019 гъэм и бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ пен­сэм кIуэну. Къытызогъэзэжри, мазихкIэ нэхъ пасэу.
Ещанэу. Сыт зыгъэпIейтейр, уеблэмэ зыгъэшынэр пенсэ ныбжьым нэсахэр? Ахэр мэгузавэ я лэжьапIэр яфIэкIуэдынкIэ. Пенси улахуи ямыIэу къызэрынэнкIэ ­хъунум егъэпIейтей. Пэжщ, илъэс 50-м ущIигъуа нэужь лэжьапIэ къэбгъуэтыну гугъущ.
Абы къыхэкIыу, дэ дегупсысын хуейщ зи ныбжьыр кIуэтахэм IэнатIэ ягъуэтынымкIэ шэсыпIэхэр ­къахузэгъэпэщыным. Аращи, мы Iуэхум пыщIа зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм пенсэ кIуэгъуэм и пэ къихуэ ныбжьу къэлъытапхъэр цIыхур пенсэ кIуэным илъэситху щиIэж пIалъэрауэ гъэувыпхъэу къыхызолъхьэ. Къытызогъэзэж, мыбдеж зэфIэгъэкIын хуей Iуэху куэдыкIей къыщыкъуокI. Апхуэдэу, цIыхухэм лэжьапIэ езытхэм пенсэ кIуэгъуэ ныбжьым нэблэгъа цIыхухэр IэнатIэм зэрыIуагъэкIым е я ныбжьыр щхьэусыгъуэ ящIу лэжьапIэ къащ­тэн зэрамыдэм щхьэкIэ ап­хуэ­дэхэр административнэ, уеблэмэ уголовнэ жэуапым ешэлIэн хуейуэ гъэувыпхъэу къызолъытэ. Дызэ­рылажьэ хабзэхэм апхуэдэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейщ цIы­хум пенсэ щыхуагъэув пIалъэр зэрагъэIэпхъуэм теухуа хабзэр къыщащтэм щIыгъуу.
Шэч хэмылъу, мыбдежым административнэ текъузэныгъэхэм я закъуэкIэ Iуэхум убгъэдыхьэныр тэмэмкъым икIи захуагъэкъым. Абы къыхэкIыу Правительствэм къалэн щызощI бизнесыр а Iуэхум тезыгъэгушхуэн хэкIыпIэхэр яхуигъэлъэгъуэну, зи пенсэ кIуэгъуэр къэблэгъа цIыхухэр лэжьапIэ ­къащтэнми, апхуэдэхэр IуамыгъэкIынми я фейдэ хэлъын хуэдэу.
Мыбдежым щIызгъужыну сызы­хуейр. Зи ныбжьыр хэкIуэтахэр, зэ­рыхабзэщи, лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэхэщ. Ахэр, я нэхъы­бапIэкIэ, дзыхь зыхуэпщI хъун ­лэ­­жьакIуэфIхэщ. Абыхэм сэ­бэ­пы­нагъышхуэ къыхуахьыфынущ зы­щылажьэ IуэхущIапIэхэми ком­паниехэми. Абы къыдэкIуэу, икъу­кIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, а лэжьа­кIуэхэр хуей хъумэ, езыхэм нэхърэ нэхъ щIалэхэми хуэдэу, нэгъуэщI IэщIагъэхэм хуеджэу я Iэзагъэм хагъэхъуэфыну Iэмал етынми.
Ар къэлъытауэ, Правительствэм пщэрылъ щызощI пенсэхуэплъэ хъуа цIыхухэм я Iэзагъэм хагъэ­хъуэным хуэунэтIа программэ хэ-ха къищтэну. Абы Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу лэжьэн щIидзэн ­хуейщ икIи федеральнэ бюджетым щыщ мылъку хухэхыпхъэщ.
Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхур езыр хуейуэ и IэнатIэм IукIыжмэ икIи лэжьапIэщIэ зэкIэ къимыгъуэтамэ, абы щыгъуи дэ абы социальнэ шэсыпIэхэр къыхузэдгъэпэщыну ди къалэнщ. Абы папщIэ, пенсэ кIуэгъуэм нэб­лэгъа цIыхур зэрылэжьапIэншэм щхьэкIэ ират ахъшэм хуэдитIым щIигъукIэ хухагъэхъуэн хуейуэ къы­хызолъ­хьэ - иджыпсту зэры­щыт сом ­4900-м и пIэкIэ 2019 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэ­дза- уэ сом 11280-рэ ­хуагъэувыну икIи ар зы илъэскIэ иратыну.
ИкIэм-икIэжым, лэжьапIэ IэнатIэ зытхэм къалэн ящыщIын зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхум и улахуэми хукIэрамыуду илъэс къэс махуитI иратыну, пщIэншэу диспансеризацэ иригъэкIуэкIыну Iэмал иIэн папщIэ.
ЕплIанэу. ЗэхъуэкIыныгъэхэр щра­гъэкIуэкIкIэ жыпхъэ ткIийм уит хъунукъым. ЗэрыжаIэу, зы ­къупхъэм къигъэджэлам хуэдэу. Дэ къэтлъытэн хуейщ я псэукIэкIи лэжьэкIэкIи цIыхухэр зэрызэ­хуэ­мыдэр.
Дэ дыхэплъащ шахтёрхэм, мафIэм пэрыту лажьэхэм, химие IэнатIэ Iутхэм, Чернобыль щыIахэм, нэгъуэщIхэми льготэхэр къазэ­ры­хуэдгъэнэжыну Iэмалхэм.
Иджыпсту пенсэ зэрагъэув щIы­кIэхэр къахуэгъэнэжыпхъэу къызолъытэ Ищхъэрэ щIыналъэ пхы­дзам щыпсэу лъэпкъхэу зи цIыху бжыгъэкIэ мащIэхэми.
Дэ защIэдгъэкъуапхъэщ къуажэ­хэм щыпсэухэми. Мызэ-мытIэу ды­тепсэлъыхьащ абы, уеб­лэмэ унафи къэтщтауэ щытащ ­къуажэдэс пенсионер мылажьэ­хэм къэралым яхуигъэува пенсэхэм процент 25-рэ яхущIы­гъуным теухуауэ. Мэкъумэш Iэ­натIэм илъэс 30 нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ щылэжьахэм. Ауэ а уна­фэхэр гъэзэщIэныр ягъэ­Iэпхъуэу къекIуэкIащ. Къыхызолъхьэ а ахъшэхэр 2019 гъэм щIышылэм ­ и 1-м къыщыщIэдзауэ яту зэт­раублэну.
Етхуанэу. Пасэу лэжьэн щIэзы­дзахэм, я ныбжьыр пенсэ кIуэ­гъуэм нэмысами, зэрылэжьа илъэс бжыгъэм тещIыхьауэ пенсэ къыIахыну Iэмал яIэн хуейуэ къызолъытэ.
Иджыпсту законопроектым егъэув пенсэ ныбжьым нэмысами пенсэ хуагъэувыну хуитыныгъэ иIэщ цIыхубзым лэжьыгъэ стажу илъэс 40, цIыхухъум илъэс 45-рэ иIэмэ. Нэхъ пасэу пенсэ кIуэну цIыхум Iэмал къезыт стажри илъэсищкIэ ягъэмэщIэну къыхызолъхьэ. ЦIыхубзхэр абы папщIэ илъэс 37-кIэ, цIыхухъухэр илъэс 42-кIэ лэжьауэ щытын хуейуэ аращ.
Еханэу. 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ цIыхухэм яIа феде­ральнэ худэчыхыныгъэ псори Iэмал имыIэу хъумэн хуейуэ къы­золъытэ, пенсэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр и пIэ изэгъэхукIэ. Зи гугъу сщIыр ямыгъэIэпхъуэ мылъкумрэ щIымрэ ятехуэ налог­хэм щхьэкIэ ягъэува льготэхэрщ.
Пэжщ, апхуэдэ худэчыхыныгъэ­хэр цIыхум щыхуащIэу щытар ар пенсэ кIуа нэужьщ. Ауэ иджы щыIэ хъуа щытыкIэм ипкъ иткIэ, пенсэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкIыну зэманым, цIыхухэр зыщыгугъа льготэхэр яхуэтщIыну ди къалэнщ дэ икIи пенсэ кIуа нэужькIэкъым апхуэдэ щIыкIэкIэ защыщIэдгъэкъуэн хуейр, атIэ ныбжь хэхам нэсахэм яхуэдгъэуву зэтедухуапхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэ­мэ, а льготэхэр къагъэсэбэп хъунущ цIыхубзхэр илъэс 55-рэ, цIыхухъухэр илъэс 60 хъуа нэужькIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, пенсэ мыкIуэ щIыкIи абыхэм ятынукъым я унэм, фэтэрым, уней хадэм папщIэ къатехуэ налогыр.
Сыщыгъуазэщ «Урысей зэкъуэт» партым щIыналъэхэм щиIэ хабзэубзыху зэхуэсхэм я лIыкIуэхэми Федерацэм хыхьэ субъектхэм я унафэщIхэми жэрдэм къыхалъ­хьауэ зэрыщытар щIыналъэхэм щыIэ льготэхэри цIыхухэм къахуэгъэнэжыным теухуауэ. Ар цIыху-хэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Псалъэм папщIэ, жыла­гъуэ транспортымкIэ пщIэншэу зекIуэныр, ЖКХ-мкIэ яIэ худэ­чы­хыныгъэхэр, унэхэр зэгъэпэщы­жы­нымрэ газыр щIэшэнымрэ яхуэ­гъэзахэр, хущхъуэ къащэху­нымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи ягъуэт дэ­Iэпыкъуныгъэхэр. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр яды­зоIыгъ. ИкIи сыщогугъ цIыхухэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным теу­хуа законыщIэм къару игъуэтыным и пэ къихуэу зыхуэфащэ апхуэдэ унафэхэр щIыналъэхэм къыщащ­тэну.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
Дызэрыщыгъуазэщи, IэщIагъэлI куэдым ноби къалъытэ зи гугъу тщIы Iуэхухэм унафэ ятещIы­хьыныр икъукIэ хэдгъэтIэсауэ. Сэ апхуэдэу къысщыхъуркъым. Дэ абыхэм нэхъапэм дахуэмыхьэзыру щытауэ аркъудейщ. Ауэ ахэр адэкIэ бгъэIэпхъуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Ар жэуаплыныгъэншагъэу къыщIидзынут икIи абы дыхуи­шэнкIэ хъунущ ди экономикэми со­циальнэ IэнатIэми пхуэмыгъэ­зэкIуэжын щыуагъэхэр щытIэ­щIэ­кIыным, цIыху мелуан куэдым я ­гъащIэр екIэкIуэным, сыту жып­Iэмэ иджыпсту нэрылъагъущ къэ­ралым гува-щIэхами а зэхъуэ­кIыныгъэхэр иригъэкIуэкIын зэ­-ры­хуейр. Ауэ нэхъ дгъэгувэхукIэ,      а унафэр нэхъ ткIий хъууэрэ кIуэ-ну аращ. Нобэ къэдгъэсэбэпым хуэдэ зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ лъэпкъи, льготэ куэд къахуэ­нэж­хэри, а хьэлъэр ятедмыгъэщIэн щхьэкIэ дызыхуекIуэ Iэмалхэри хэмыту щытыну аращ, дгъэIэп­хъуэмэ.
Иджыпсту а Iуэхум дытегушхуэу зэфIэдмыхмэ, илъэс бжыгъэ дэкI­мэ, шынагъуэ къащхьэ­щыхьэнкIэ хъунущ жылагъуэм щыщыIэ зэ­пIэзэрытыныгъэм - апхуэдэу щы­щыткIэ, къэралым и шынагъуэншагъэри къэтIэсхъэным дыхуи­шэныр зыхуэIуа щыIэкъым.
Дэ зыдужьыпхъэщ. Къы­зэд­нэкIын хуейщ тхьэмыщкIа­гъэр, ­    ди нэхъыжьхэми, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэма­ным а ныбжьым нэсынухэми яхуэ­фэ-щэн псэукIэ тынш къахузэдгъэ­пэщыну ди къалэнщ.
Нобэ къыхэслъхьа жэрдэмхэр законопроектым хэслъхьэ зэ­хъуэ­кIыныгъэщи, икIэщIыпIэкIэ Къэ­рал Думэм едгъэхьынущ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
Сэ зыри щIэзмыуфэу, зэпкърыхауэ икIи щхьэтечу нывжесIащ нобэ щыIэ щытыкIэр зыхуэдэр, апхуэдэуи ди къэралым и пенсэ ­IэнатIэм адэкIи зиужьыным хуэу­нэтIа жэрдэмхэр къэзгъэнэIуащ. Иджыри зэ къыхэзгъэщынщи, дэ къытпэщытщ а Iуэхум Iэмал имы­Iэу унафэ тетщIыхьын хуейуэ, ар гугъущ, ауэ икъукIэ зи чэзущ.
СыныволъэIу ар фэри зэхэф­щIыкIыну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.