Къайсэр щекIуэкIащ 9-нэ Дунейпсо Адыгэ фестивалыр

Тыркум щыIэ Къайсэр Хасэр илъэс 50 зэрырикъум ирихьэлIэу шы­щхьэуIум и 23-м Къайнар къуажэм 9-нэ Адыгэ щэнхабзэ фестиваль ще­кIуэ­кIащ. Тырку хъыбарегъащIэхэм къызэратыжамкIэ, мы гъэм абы къекIуэ­лIащ цIыху мин 40-м нэс.

Хэкум щыщу фести­валым ирагъэблэгъащ уэрэд­жыIакIуэхэу Нэхущ Чэрим, Къэзан Сэтэней, «Хатти» ансамблыр, нэгъуэщIхэри. Тыркум щыпсэу адыгэхэм Чэрим фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ фестивалым и пэ къихуэу: «Тырку щIыналъэм щыпсэу ди къуэшхэ, ди шыпхъу­хэ, пщIэ зыхуэсщIхэ! Адыгэ лъэпкъхэр дызэры­щыIэр адрей лъэпкъхэм ящы­мыгъупщэным тела­жьэ, Къайсэр къалэм дэт ди Адыгэ Хасэр илъэс 50 зэрырикъум ехьэлIа дауэдапщэм, санэхуафэм уэ­рэдкIэ, къафэкIэ, пшыналъэкIэ, джэгукIэ гъэнщIауэ щытыну пшыхьым, сыкърагъэблэгъащ. Сэри си ­гуапэу фэ зыфхузогъазэ зи лъэ вакъэ изылъхьэу «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыри абы фыкъе­кIуэ­лIэну».
УэрэджыIакIуэ къэс къэп­цIыхуж теплъэ зэ­ри­Iэм хуэдэ къабзэу, пшы­хьым къекIуалIэ цIыху­бэри зыгуэрым нэхъ къы­хе­гъэщ. Утыку ита псоми ­гуапэу яIущIа ди лъэпкъэгъухэм я пащхьэм Чэрим къихьа нэужь, дэрэжэ­гъуэщIэ зэрагъуэтам гу ­лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Езы уэрэджыIакIуэми Iуэхур щIигъэхуабжьэрт: «Мыпхуэдэ гъуэ­тыгъуэ дизыгъэхуа, ­мып­хуэдэ дахагъэ дэзы­гъэлъагъу Къайсэр Хасэ илъэс 50 ирикъур илъэси 100 ирикъуауэ Тхьэм дигъэлъагъу, дунейр щыIэхукIэ адыгэр лъэпкъыу ды­щыIэну, мыпхуэдэу дызэ­хэтыфыну Тхьэм жиIэ!»
«Мыхэращ ипэжыпIэкIэ зи лъэпкъыр фIыуэ зылъа­гъужыр», - щетхыж Инс­таграмым цIыху бжыгъэ къекIуэлIам зигу хигъа-  хъуэ гуэрым. «Гурэ псэкIэ къо­даIуэхэр. Ди цIыхубэр нэхъ гу щIыIэщ, абыхэм елъытауэ», - дыщIегъу ­нэгъуэщIым. «Зыгуэр къы­зэупщIат, хамэщIым игъащIэм мыпхуэдиз адыгэ зы щIыпIэ щызэхуэсауэ плъэгъуа? - жиIэри, - дыкъыщоджэ фестивалым еблэгъа, КъБР-м и телевиденэм и журналист Шыбзыхъуэ Астемыр и тхыгъэхэм. - Уэлэхьи, си къуэш, Тыркур  къызогъанэри, хэкум  щызмылъэгъуа», - естащ  абы жэуап».
 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.