Мазихым кърикIуар къапщытэКъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ. Абы Iуэхугъуи 10-м щIигъум щыхэплъащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2018 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ къыщыпсалъэм, КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къулыкъур зыгъэзащIэ Лисун Еленэ жиIащ бюджетым щыщу сом мелард 13-рэ мелуан 305-рэ блэкIа мазихым къызэрагъэсэбэпар, абы щыщу процент 70-р Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу яубзыхуахэм зэрыхухахар. Бюджет ахъшэм щыщу сом меларди 2-рэ мелуан 300-м щIигъур улахуэу ятащ, мелуани 125,4-рэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм текIуэдащ. Республикэм мылажьэу исхэм медицинэ страхованэ яхуэщIэным сом мелардым щIигъу хухахащ. Апхуэдэу гъуэгухэр зэгъэзэхуэжыным, щIэ ухуэным, кIэлъыплъыным мелуани 162,3-рэ ихьащ. Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, къэрал щIыхуэу республикэм телъщ сом меларди 10-м щIигъу. ЩIыхуэм щхьэщатыкIащ сом мелуани 185-рэ, ар нэгъабэ и япэ мазихым елъытауэ процент 31-кIэ нэхъ мащIэщ. Правительствэм хэтхэр арэзы техъуащ Лисун Еленэ жиIам, бюджетыр зэрагъэзэщIам и проектым, адэкIэ хэплъэнущ КъБР-м и Парламентымрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|