ЗЭРЫЗАХУИГЪЭЗАР
ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ!
Си гум къыбгъэдэкI сэлам фызох Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэсым кърихьэлIахэм. Хабзэ хъуауэ, ар йокIуэкI гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъур творческэ Iуэху зехьэкIэщ. Фэ вбгъэдэлъ Iэзагъым, жэуаплыныгъэ зыхэфщIэу лэжьыгъэм фызэрыпэрытым, дуней еплъыкIэ къулей зэрывиIэм елъытащ къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIым и куууагъыр, абыхэм лъапIэныгъэу къалъытэну Iуэхугъуэхэр зыхуэдэнур. Си фIэщ мэхъу: ди егъэджакIуэхэр яполъэщ иджырей егъэджэныгъэм къигъэув къалэн нэхъыщхьэм - зи щхьэ хущытыж, жылагъуэм хэзагъэ, ди къэралым хуэфащэ цIыху къэгъэтэджыным.
Зэманым къыфхуигъэув мардэхэм ящыщщ егъэджэныгъэм и фIагъыр хэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэху зехьэкIэщIэхэмрэ методикэщIэхэмрэ къэфлъыхъуэныр. СызэригугъэмкIэ, нобэрей зэхуэсым къыщыфIэтыну Iуэхугъуэхэмрэ къыщыхэфлъхьэну жэрдэмыщIэхэмрэ сэбэп хъунущ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зиужьынымкIэ. Дэ къыдбгъэдэкIыу фыкъыдогъэгугъэ: республикэм и унафэщIхэм дяпэкIи тлъэкI псори тщIэнущ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ.
Ди егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, ди республикэм щыпсэу цIыху псоми си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэхэмкIэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ. Узыншагъэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну си гуапэщ.