«Адыгэ псалъэмрэ» «Жьынэпсымрэ» зэгуроIуэ.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж щыхьэ­щIащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм къыдагъэкI «Жьы­нэпс» газетым и лэжьакIуэхэр.
Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан, Лий Гюл, Хьэжбэвы­къуэ Гъазми сымэ жаIащ газетыр илъэс 15 хъуауэ къызэрыдэкIыр, ар мазэ къэс зэ зэрагъэхьэзырыр, напэкIуэцIи 8 - 24-рэ хъууэ зэрызэхагъэувэр.
-ЩIалэ 15 хуэдиз дызэ­хыхьауэ ди жэрдэмкIэ къыдэдгъэкIыу аращ мы газетыр, - жиIащ Хьэжбэвы­къуэ Эрдогъан. - Къэралыр зыкIи къыддэIэпыкъуркъым, ди щIэджыкIакIуэхэм илъэсым къыдат тедзап­щIэращ къэдгъэсэбэпыр, къищынэмыщIауэ, хэкумкIи ТыркумкIи щыIэ ди адыгэ щIалэхэр мылъкукIэ къы­щытхэувэ къохъу. Ахэращ зи фIыщIэр мыпхуэдэу дахэу газетыр къызэрыдэдгъэкIыфыр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къы­хигъэщащ «Жьынэпс» газетым и хъыбар куэд ­щIауэ зэрищIэр, Тыркум зэ­рыщилъэгъуар, Налшык дэс и ныбжьэгъухэм къа­зэ­ры­Iэ­рыхьэр.
Газетыр къыдэзыгъэкIхэр ХьэфIыцIэм и деж къы­щIэкIуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зэкъуэш республикэхэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм зэгъу­сэу ягъэхьэзыр номерхэм езыхэри къыхыхьэну зэры­хуейрат.
-«Адыгэ псалъэ» (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Адыгэ ­макъ» (Адыгэ Республикэ), «Черкес хэку» (Къэрэшей-Шэрджэс) газетхэм я номер зэхэтхэр илъэс 30-м щIи­гъуауэ къыдокI. Абы, зытеу­хуа Iуэхугъуэм елъытауэ, къыщыхыхьэ щыIэщ шап­сыгъхэм, абазэхэм, абхъазхэм къыдагъэкI газетхэри. Ди гуапэщ апхуэдэ гукъыдэж фщIыуэ фыкъызэрыкIуар, жэрдэм фи­Iэмэ, фыкъыддэлэжьэну фи къарум фыкъигъэгугъэмэ, дэ дыарэзыщ. И чэзум тхыгъэхэр зэIэпытхрэ, зэрытеддзэным хуэдгъэ­хьэзырмэ, гугъуехь хэлъыну си гугъэкъым. Иджыпсту Iэмал хъарзынэхэр щыIэщ, дызэпэIэщIэми, дызэ­ры­щIэу дызэдэлэжьэнымкIэ, тхыгъэхэмкIэ, сурэтхэмкIэ, гупсысэхэмкIэ дызэхъуэ­жэнымкIэ. КъыдэкIыгъуэ къэс зы Iуэху гуэрым тыдоухуэ, мы илъэсыщIэм ирихьэлIэу къыдэдгъэкIынум итынур, псалъэм папщIэ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа ди лъэпкъэ­гъухэрщ, зыпэрыт IэнатIэм, я зэфIэкIым елъытауэ адыгэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу ди къуэш­хэмрэ шыпхъухэмрэщ. Фэ абы фыкъыхыхьэну зэман къэнэжакъым, ауэ 2020 гъэм щегъэжьауэ къэдублэнщ. Фи къалэн нэхъыщхьэр тхыгъэхэр ады­гэбзэкIэ тхауэ къытхуевгъэхьынырщ, фэ фызыгъэпIейтейуэ е фы­­зэ­ры­гушхуэу, дэ тфIэ­гъэ­­щIэ­гъуэну Тыркум къы­щыхъу­хэмкIэ, дуней псом щи­къухьа адыгэхэм ятеу­хуауэ фщIэ хъыбархэмкIэ фыкъыддэгуэшэну ди гуа­пэщ. Дэ бзэм, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм, хэкужьым щыхъыбархэм, иджырей адыгэм и щыIэкIэ-псэукIэм, ди лъэпкъэгъу щэджащэхэм я IуэхущIа­фэхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэм фыщыдмыгъэщIэну фы­къы­догъэ­гугъэ, - пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан дыщIигъуащ адыгэбзэкIэ тхыгъэхэр гъэхьэзырыным гугъу зэрыдемыхьынур, тыркубзэм нэмыщI, къыдэ­кIыгъуэ къэс адыгэбзэкIи напэкIуэцI зэрыхэтыр, иджы дызытепсэлъыхь къыдэкIыгъуэри я щIэджыкIакIуэ­хэм щIэщыгъуэ зэращыхъунур.
«Жьынэпсым» къытохуэ, адыгэхэм я мызакъуэу, Тыркум щыпсэу кавказ лъэпкъхэм я хъыбари, абыхэм я бзэкIэ къаIуатэ тхыгъэ щхьэ­хуэхэри. КъищынэмыщIауэ, зэрыс къэралым къы­щыхъу-къыщыщIэхэр тыркубзэкIэ традзэ, хъыбар нэхъыбэр а бзэращ къызэра­Iуатэр. НобэкIэ тиражыр мин мэхъу, ар гъэ къакIуэ минитIым нагъэсыну я мурадщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.