«Антарес» щIыналъэ центрым и лэжьыгъэр яубзыху.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ сабийхэмрэ щIалэгъуа­лэм­рэ я зэфIэкIхэр убзы­ху­нымкIэ икIи абыхэм зегъэужьынымкIэ «Антарес» щIыналъэ центрым и попечительскэ советым и зэIущIэ. Абы центрым и лэ­жьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, еджа­кIуэ­хэр къызэрыхах щIы­кIэр щаубзыхуащ икIи эксперт советым щылэжьэну­хэр къыщыхахащ.
Апхуэдэу республикэм и щIалэгъуалэм ящыщу нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэ­дэлъ­хэр къэгъэнэIуэ­ным­кIэ икIи абыхэм зегъэужьы­нымкIэ Iэмалхэр, егъэ­джэ­ныгъэ программэ гуэдзэну абы-хэм папщIэ зэхалъхьахэр пхыгъэкIынымкIэ хэ­кIы­пIэ­хэр нэгъэсауэ убзыхун зэ­ры­хуейр къэпсэлъахэм жа- Iащ.
«Антарес» республикэ центрыр «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэм хиубыдэу къы­зэ­рагъэпэщащ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэу нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъхэм илъэс хъурейм ядэлэжьэнущ. Прог­раммэм хеубыдэ гъуазджэр, спортыр, естественнэ щIэ­ны­гъэхэр, техническэ творчествэр. Проектыр гъэзэ­щIэ­нымкIэ дэIэпыкъуэгъуу щытынущ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ Сочэ ­къалэм къыщызэрагъэпэща «Сириус» щIэныгъэ цент­рыр, Москва Бауман и цIэр зэрихьэу дэт къэрал техническэ университетыр, Москва дэт физико-техническэ институтыр, республикэм и вузхэр, бизнесым и IэнатIэр, технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэп IэнатIэхэм щылэ­жьэ­фыну цIыхухэр егъэ­джэ­ным телажьэ щIыналъэ компание инхэр.
«Антарес» центрым егъэджэныгъэмкIэ и программэхэр гъэзэщIа хъун папщIэ «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием иджырей обо­рудованэрэ ар зыхуеину ­программэхэмкIэ къызэгъэпэща лабораторэу 10 къы­щы­зэIуах. Центрым и лэ­жьыгъэр зэтеува нэужь абы 6 - 10-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэу 500-м щIигъум я щIэныгъэм щыхагъэхъуэ­фынущ. Центрым кърашэ­лIэнухэм я зэхуэдитIым нэхърэ мынэхъ мащIэр къуа­жэхэм къикIынущ. Еджа­кIуэхэм педагог 30 хуэдиз ядэ­лэжьэнущи, абыхэм ящы­щу 13-м нобэм ирихьэлIэу я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэмрэ «Сириус» центрымрэ.
«Антарес» центрым и попечительскэ советым и уна­фэщIу щытынущ республикэм и Iэтащхьэр. Апхуэдэу абы хагъэхьащ КъБР-м и Пар­ламентымрэ Правитель­ствэмрэ я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэ, бизнес IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.