Путин Владимир Налшык щыIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэ­рыкIуам хыхьэ Iуэхухэм я кIэухыу, Путин Владимир IущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Путин Владимир: Казбек Валерий и къуэ, къызжеIэт, республикэм сыт и псэу­кIэ?
КIуэкIуэ Казбек: Псори хъарзынэщ, псо­ри тэмэмщ. Япэрауэ, лъэпкъ куэд щы­зэдэпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкэрым сыт щыгъуи къытхуэпщI гулъытэм папщIэ. Тхьэм уигъэпсэу. Нобэ Уэ ди деж укъызэрыкIуар ди Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэм дежкIи пщIэшхуэщ.
Путин Владимир: Я гугъу дыгъэщIыт иджыпсту щыIэ гугъуехьхэм, мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэу къэплъытэхэм.
КIуэкIуэ Казбек: Владимир Владимир и къуэ, зэрыщыту къапщтэмэ, 2019 гъэм и пэщIэдзэм унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэфIхэм адэкIи пыдощэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым и хэхъуэхэр нэхъыбэ тщIыныр тхузэфIокI.
2020 гъэм тедухуащ сом мелард 43,9-рэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ 2018 гъэм къы­щыщIэдзауэ цIыху къэс тещIыхьауэ мин 50-м нэсу, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Абы дэ Iэмал къыдитащ льготэ хущхъуэ­кIэ цIыхухэр къызэрызэдгъэпэщыр ед­гъэ­фIэкIуэну. Мы дызэрыт 2019 гъэр ­къатщтэмэ, сом мелуан 69-рэ хэдгъэхъуэ­ну тхузэфIэкIащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, про­цент 20 къыщIедгъэгъуащ. Дызы­хуэкIуэ илъэсым дэ сом мелуан 360-м тыдощIыхь, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным процент 30-кIэ нэхъыбэ хухэтхащ.
Апхуэдэуи социальнэ унэтIыныгъэмкIэ яхухэтх ахъшэм и гугъу пщIымэ, тху­зэфIэкIащ бынищ, нэхъыбэ зиIэ унагъуэ­хэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэным субсидие яхухэхыным теухуа Iуэхур. Илъэсищ хуэдиз хъуауэ цIыхухэр пэплъэрт абы, мы гъэм бюджетым зэрыхэдгъэхъуэ­фам и фIыгъэкIэ абы и лъэныкъуэкIэ ттелъа щIыхуэр цIыхухэм еттыжыфащ. Ап­хуэдэ мылъку унагъуэ 330-м яIэрыхьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр, зэрыщыту къапщтэмэ, ефIэкIуэжу хуе­жьащ. Абы, иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, Iэмал къыдет социальнэ IэнатIэм мылъкуу хухэтхыр нэхъыбэ тщIынымкIэ, сабий зиIэ унагъуэхэм защIэдгъэкъуэ­нымкIэ. 2020 гъэм ди мурадщ илъэсищ иримыкъуа сабийхэм мазэ къэс сом 13700-рэ хуэдиз яттыну.
Путин Владимир: Унагъуэхэм, аракъэ?
КIуэкIуэ Казбек: Унагъуэхэм.
Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъ проектым ехьэлIауэ щыIэ щытыкIэр зэIубзщ. Дэ абыхэм къытхуагъэув пIалъэхэм дытетщ, щыубзыхуахэр и чэзум зэфIыдогъэкI. Лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр тхузэфIэмыгъэкIынымкIэ шынагъуэ щыIэкъым.
Владимир Владимир и къуэ, жысIэну сы­хуейщ сэ езым щIыналъэхэм сыкIуэурэ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм щы­гъуа­зэ зэрызысщIыр. ЦIыхухэм саIуощIэ, сопсалъэ, я псэукIэр зэIузэпэщ хъуным, гъуэгухэр тэмэм щIыным теухуауэ. Абыхэм фIыщIэ къытхуащI. Езыхэм зыхащIащ я псэукIэр зэрефIэкIуар. Ахэр зэIу­зэпэщ ящIа уэрамхэм къытохьэ, пщIантIэхэм къыдохьэ. Налшык къалэм и Алек­санд­ровкэ хьэблэм нобэ гъуэгухэр ща­щIащ, сквер дахэ дыдэ щаухуащ, илъэс тIощIкIэ яхуэмыщIауэ. Ар Налшык и псэупIэ хьэблэшхуэщ. Апхуэдэ хьэблэ куэдым иджыпсту лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI.
Путин Владимир: Ахэр зэIузэпэщ зэры­фщIын мылъкур къыфIэрыхьа?
КIуэкIуэ Казбек: Псори ирикъуу къы­тIэ­рыхьащ. Нобэ лэжьыгъэхэр и кIэм ныдогъэс. Нэхъыщхьэращи, зи гугъу тщIы лъэпкъ проектхэр сэбэп хъуащ экономикэм зиужьынымкIэ. Гъуэгуухуэхэм, коммунальнэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм соупщI: «Лэжьыгъэ фиIэ нобэ?» Абыхэм жаIэ: «Гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым ди гупхэр зы махуи мыувыIауэ мэлажьэ». СеупщIащ я улахуэхэм теухуауи. Псори ирикъуу къаIэрыхьэу, псори тэмэму къызжаIащ.
Путин Владимир: ГурыIуэгъуэщ. Иджыпс­ту ящIам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ зэфIэгъэкIын хуейщ. А псори хъарзынэщ, ауэ Уэри хъарзынэу къыбгуроIуэ ямыщIар ящIам нэхърэ зэрынэхъыбэр. Аращи, Уэ нэхъыщхьэу къэплъытэ Iуэхухэм я гугъу дывгъэщI. СощIэ уэ республикэм теухуа лъэIуи узэриIэр. Абы и Iуэху иджыпсту зедвгъахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.