Марьяш Иринэ куэдым щIоупщIэ.

Къэрал Думэм и депутатхэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Марьяш Иринэ Iуащхьэмахуэ ­районым щыIащ икIи Былым, Бедыдж, ­ЛашкIутIэ къуажэхэм ящыщу зи щхьэ Iуэху­кIэ къекIуэлIахэм яхуэзащ.
Тхьэусыхафэ, лъэIу зэмылIэужьыгъуэ­хэр яIэу а махуэм депутатым зыкъыхуагъэзащ цIыху 13-м. Абыхэм нэхъыбэу къаIэтар бынищ, нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэм я псэу­пIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, унэхэр зращIы­хьын щIапIэхэр яхухэхынырщ.
«Унэхэр ящIын папщIэ цIыхухэм щIы Iыхьэхэр епткIэ зэфIэкIынукъым, щIапIэхэр зыхуеину инфраструктурэмкIэ къызэ­гъэпэщын хуейщ. Абы къыхэкIыу мы Iуэхур тэмэму дэкIын папщIэ зыхуэфащэ комплекс бгъэдыхьэкIэ къыхуэгъуэ­тып­хъэщ», - жиIащ Марьяш Иринэ.
Депутатыр иужькIэ еплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Былым къуажэм дащIыхь футбол джэгупIэм. Ар къуажэкум щаухуэ, футболым дихьэххэм я щысыпIэхэр иIэу, гъуэр футбол джэгупIэм и мардэхэм къитIасэу.

Тарим Алисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.