Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щызэхэтащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъ пщыхьэщхьэ.
Зэхуэсым кърагъэблэгъат щIыналъэм, къуажэм я администрацэхэм я унафэщIхэр, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, жылэдэс нэхъыжьхэм я советым и лIыкIуэхэр, щIалэгъуалэр.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Шыкуэ Мадинэ и нэIэ щIэту еджакIуэхэм къызэрагъэпэщат сурэтхэм-рэ тхылъхэмрэ щызэхуэхьэса выставкэ, «ЩIымахуэ жэщ» поэмэм къытращIыкIа теплъэгъуэ, апхуэдэуи ныбжьыщIэхэр къеджащ Алий и усэхэм, и нэгъуэщI тхыгъэхэм щыщ Iыхьэхэм.
Пшыхьым къекIуэлIахэм псом хуэмыдэу гунэс ящыхъуащ ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм къытращIыкIа театр теплъэгъуэхэр, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ яхуищIа гурыщIэхэр нэсу зыхозыгъащIэу ягъэувахэр.
Бахъсэн щIыналъэ администра-цэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэхъуэ-бэч Анзор къыщыпсалъэм фIыщIэ яхуищIащ зэIущIэ гукъинэжыр къызэзыгъэпэщахэми абы жану хэта ныбжьыщIэхэми. Апхуэдэуи абы жиIащ щIалэгъуалэр хэку литературэм зэрыщыгъуазэр, ахэр ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дихьэхыу зэреджэр и гуапэ зэрыхъур. Апхуэдэу щыщыткIэ, ди тхакIуэхэми абыхэм я къалэмыпэм къыщIэкIахэми хуэфащэ пщIэ зэрагъуэтынур и фIэщ зэрыхъури къыхигъэщащ. Ар езым и гукъэкIыжхэмкIи ядэгуэшащ пшы- хьым кърихьэлIахэм. Школым щыщIэсми ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэр игу ирихьу щIиджыкIыу, гукIэ зригъащIэу зэрыщытар жиIащ, Алий и творчествэм теухуа республикэ зэпеуэм щытекIуауэ зэрыщытам зэрыригушхуэри къыхигъэщащ Iэхъуэбэчым.
Адыгэ усакIуэ щэджащэм и творчествэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыхуащIын папщIэ библиотекэм тхылъхэр къыIихынуи Iэмал иIащ зэхыхьэм хэта дэтхэнэми.