Зэхьэзэхуэм кърикIуар къапщытэж.

Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэмрэ «Баксанский вестник» газетымрэ я жэрдэмкIэ со­­циаль­нэ рекламэ зэхэгъэувэнымкIэ «ЩIалэ­гъуалэр Iулъ­хьэм, терроризмэм, экстремизмэм и бийщ» зэхьэзэхуэ екIуэ­кIат. Абы кърикIуар къызэщIакъуэжащ.

Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ «2017 - 2020 гъэхэм ятещIыхьауэ Бахъсэн щIыналъэм Iулъхьэм щыпэщIэтыным и IуэхукIэ», «2016 - 2020 гъэхэм Бахъсэн щIыналъэм тер­роризмэрэ экстремизмэрэ къыщымыгъэхъуным ехьэ­лIауэ лэжьыпхъэхэр» муниципальнэ программэхэм къы­щыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным тету.
Зэхьэзэхуэм хэтащ илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 35-м нэс зи ныбжь щIалэгъуалэр. Абыхэм я лэжьыгъэхэр ­къа­гъэлъэгъуащ «Iулъхьэм дрибийщ», «Терроризмэрэ эк­стремизмэрэ щремыIэ» къыхуеджэныгъэхэм щIэту.
- Лэжьыгъэхэр я зэхэгъэувэкIэкIи щIалъхьа гупсысэкIи зэхуэдэтэкъым. Нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIар щIалэ­гъуалэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм щIэщыгъуагъ зэрыхалъ­хьэ­фарщ, - къыхигъэщащ зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым и унафэщI Ахъуэбэч Анзор.
Зэпеуэм къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэ 26-м щыщу нэхъыфIу 4 къыхахащ. Абыхэм тету рекламэхэр ягъэ­хьэ­зыра нэужь, щIыналъэм и къуажэхэм щыфIадзэнущ. Зэ­хьэ­зэхуэм щытекIуахэм щIыхь тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ иратащ.

ШЫПШ Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.