Зэпеуэм щытекIуахэр.

КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм щы- те­кIуахэр махуэку кIуам ягъэ­лъэпIащ.
«Адэжь хэкум. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэныбжьэгъугъэмрэ зэгу­рыIуэныгъэмрэ я лъахэщ» респуб­ликэпсо зэпеуэм хэтащ радиом, те­левиденэм, газетхэм я редакцэхэм щы­лажьэ журналистхэр. Ар зы­­хуэгъэп­сар хамэ къэралхэм къыщалъхуауэ зи хэку къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр ди республикэм ­зэ­ры­щыпсэум, я къуэшхэм зэрахэ­-зэ­гъэ­жым, я IуэхущIафэхэр зыхуэ дэм тетхыхьынырщ, тепсэлъы­хьы­нырщ.
Мы гъэм зэпеуэм цIыху 33-м я лэжьыгъэ ягъэхьат. «Гупыж фщIыуэ ди зэпеуэм фызэрыхэтам щхьэкIэ фIыщIэ фхудощI. Къапщтэмэ, фэ куэдрэ фытотхыхь, фытопсэлъыхь, къывогъэлъагъуэ хамэ щIыпIэхэм ­къикIыжа ди къуэшхэм я Iуэху зыIутыр икIи абыхэм я деж фыкIуэурэ нэтынхэр щывгъэхьэзырыр куэдрэщ. Ахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым и хъы­барым цIыхухэр щызыгъэгъуазэр фэращ. Журналистхэр куэдрэ яхуозэ, я унэхэм макIуэ, редакцэхэм кърагъэблагъэ адэжь лъахэм къэзыгъэ­зэжахэр. Абы къыхэкIыу я гукъы­дэжымрэ мурадхэмрэ, зыхуэныкъуэ­хэмрэ ягу зэрыгъухэмрэ утыку къывохьэф, Iуэху зэIумыбз щыIэмэ, ар гъэзэкIуэжа зэрыхъунымкIэ дэIэпыкъуэгъу фохъу.
Зэпеуэм къевгъэхьа Iэдакъэ­щIэкI­хэм псоми дыкъеджащ, деплъащ, дедэIуащ. Дэтхэнэми гулъытэ щхьэ­хуэ хуэфащэщ, ауэ хабзэм къызэ­ригъэувым тету увыпIэхэр дгуэшащи, ди гуапэу нобэ фыдогъэлъапIэ, дя­пэкIэ дызэдэлэжьэнуи дыхьэзырщ», - жиIащ КъБР-м граждан жылагъуэ ­зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ­КIурашын Анзор.
«Радиом къита нэтын нэхъыфI» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр хуа­гъэфэщащ журналист МахуэлI ­Хъа­джэт; етIуанэр радиом и лэжьа­кIуэ КIэбышэ Эльмирэ; ещанэр - Теувэжыкъуэ Марианнэ.
«Теленэтын нэхъыфIымкIэ» бжьы­пэр иубыдащ Бжьахъуэ Лолэ ­(1КъБР); ­етIуанэ увыпIэр къихьащ Жылокъуэ Лу­саннэ («Къэбэрдей-­Балъкъэр» КъТРК); ещанэр хуа­гъэфэщащ Нэ­щIэ­пыджэ Замирэ.
ЩIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр, удз гъэгъахэр зэпеуэм щытекIуахэм ­яритыжащ КIурашын Анзор икIи журналистхэм я лэжьыгъэ мытыншым щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIри, республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъун тхыгъэхэр, нэтынхэр дяпэкIи жыджэру ягъэхьэхьэзырыну ехъуэхъуащ.
Къэбарт Мирэ.

Сурэтыр Къарей Элинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.