КIуэкIуэ Казбек «Урысей зэкъуэт» партым КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщIу хахащ.

ЩэкIуэгъуэм и 6-м зэхэтащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым КъБР-м щиIэ къудамэм и XXXI зэIущIэ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым къриу­быдэу партым илэжьамрэ абы къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэ. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къу­дамэм и унафэщIу щыхахащ зэхуэсым.
Партым и щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI АфэщIагъуэ Михаил иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, «Урысей зэкъуэт» партым и Со­-вет нэхъыщхьэм и УнафэщIым и къуэдзэ Селивёрстов Виктор, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ, КъБР-м и министерствэхэм я уна­фэщI­­хэмрэ партым хэт цIыху 210-рэ.
Селивёрстовым псалъэ щратым, къыхигъэщащ партым зэхъуэ­кIы­ныгъэш­хуэхэр зэрыщекIуэкIыр.
-Фигу къэзгъэкIыжынщ 2019 гъэр къыщихьам щыгъуэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэ гуэрхэм «Урысей зэкъуэт» партым и лъэр щIэкIауэ, хэхыныгъэхэри къемыхъулIэну, абы и лъэныкъуэхэм кIуэ пэтми яхэщIу хуа­гъэфащэу зэрыщытар. Арами, екIуэкIа хэхыныгъэхэм къарикIуамкIэ дыарэзыщ. «Урысей зэ­къуэт» партым къигъэлъэгъуа цIыхухэм щхьэкIэ процент 78-м щIигъум Iэ яIэтащ, ауэ абы ди гур дэпсэхуж хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, властым бжьыпэр щыщы тIы­гъкIэ, къэрал Iуэхухэр щызетхьэкIэ, ди къа­лэнхэм зыкIи кIэрыхуакъым, къахэмыхъуамэ. Быдэу къыдгуроIуэж нэхъри дегугъуу дылэжьэн зэрыхуейр. Пэжыр пэжщ, нэхъапэми зэрыщытауэ, пенсэмрэ улахуэмрэ цIыхухэм къомэ­щIэкI, я псэу­кIэр ягу ирихьыркъым, гуныкъуэгъуэм къыхэхъуэ зэпытщ. Мис апхуэдэ Iуэхухэм дазэ­ры­пэлъэщын хэкIы­пIэхэр къэд­гъуэ­ты­ныр ди къалэн нэхъыщхьэу ­къонэж. ИкIи тэ­мэму къытщохъу щIыналъэм и Iэтащхьэм и къулыкъумрэ парт нэхъыщхьэм и уна­фэмрэ зы цIыхум Iэ­щIэ­лъыныр, - къыхигъэщащ Селивёрстовым.
АфэщIагъуэ Михаил кIэ­щIу тепсэ­лъы­хьащ 2019 гъэм ирагъэ­кIуэ­кIа лэжьы-гъэм.
-Дызэрыщыгъуазэщи, 2019 гъэм ­КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щекIуэ­кIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм партым ехъулIэныгъэфIхэр къызэрыщигъэлъэгъуар, ди ­гъунэгъу щIыналъэхэм елъытауи, «Урысей зэкъуэтым» папщIэ Iэ зыIэтахэр ди щIыналъэм зэрыщынэхъыбэр. Гу лъытапхъэщ къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ Щэнхабзэм и унэхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, спорт школхэр зэрыдащIыхьам, театрхэр зыхуей зэры-хуа­гъэ­зэжам. Сытым дежи хуэдэу, нэдмыщIыса, дызыпэмылъэща гуэрхэри щыIэщ. ЦIыхухэр нэхъ къэзыгъэдзыхэ Iуэхухэм ящыщщ пенсэмрэ улахуэмрэ зэрымащIэр. Ар фIыуэ къыдгуроIуэж, абы дыте­лэжьэнуи ди мурадщ. Апхуэдэу дыпылъщ ди лэжьыгъэм къыпызыщэну щIэблэр Iуэ­хум къызэрыхэтшэным. Абы тещIы­хьауэ щIалэгъуалэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм дадолажьэ. Гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ «Урысей зэкъуэт» партым и лэ­жьакIуэхэр цIыхухэм щаIущIэ и хэщIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. 2019 гъэм къриубыдэу абы къекIуэлIащ цIыху 689-рэ. Абыхэм я процент 42,5-м я Iуэхур зэфIэтхащ, процент 12,2-м я лъэIум и Iуэху зыдохуэ, процент 24,6-м чэнджэщкIэ защIэдгъэкъуащ, - жиIащ АфэщIагъуэм.
Конференцым къыщаIэта Iуэхухэм ящыщт «Урысей зэкъуэт» партым КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIыр хъуэжыныр. АфэщIагъуэ Михаил и къулыкъум те­кIынымкIэ партым хэтхэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ икIи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Урысей зэкъуэт» партым КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIу хахащ.
-«Урысей зэкъуэт» партыр Урысей Федерацэм и парт нэхъыщхьэщ. Ауэ абы унафэр зэрыщыту IэщIэлъу жыпIэ хъунукъым. Парту щыIэмрэ гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэхуэдэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэр зэзыгъэуIущ «Урысей зэ­къуэтыр», сэ къызэрысщыхъумкIэ. ЦIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр едгъэфIэ­кIуэ­­нырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. Абы папщIэ УФ-м и Президентым къытхуищIа унафэхэр нэсу дгъэзэщIэн хуейуэ аращи, ди къару дыщысхьынкъым, - жиIащ КIуэкIуэм.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.