Адыгейм и япэ Президент Джарым Аслъэн илъэс 80 ирокъу.

НыбжькIэ илъэс бжыгъэ дахэм ущынэскIэ, уи гъащIэ гъуэгуа­-нэм уроплъэжри, къызэбнэкIар зыхуэдэр къызэщIыбокъуэж, абы щыгъуэми къэкIуэнум мурадыфIхэр хузэпыпщэу лъэхъэнэщIэм ухобакъуэ. ЩэкIуэгъуэм и 7-м ди рес­публикэм и мызакъуэу, Краснодар крайми Кавказ Ищхъэрэм ­хыхьэ щIыналъэхэми щагъэлъэпIэнущ жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэр - Адыгэ Республикэм и япэ Президент Джарым Аслъэн и юбилейр.
Абы и гъащIэ гъуэгуанэр си нэгу къыщIэзгъэхьэжкIэрэ, лIэщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ дызэроцIыхури, шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ Джарым Аслъэн и щIалэгъуэм ­щегъэжьауэ сытым дежи пашэу зэрыщытар, жэуаплыныгъэшхуэ, цIыхугъэ лъагэ хэлъу, лэжьакIуэ емызэшыжу, унафэ тэмэм ищIыфу къызэрыгъуэгурыкIуар.
Джарымыр Куэшхьэблэ рай­о­ным хыхьэ Еджэрыкъуей жылэм щыщщ. Абы и адэ-анэр къызэрыгуэкI колхоз лэжьакIуахэт. Зи са­биигъуэу лэжьыгъэм драгъэхьэха щIалэм гъащIэм ар куэдкIэ къыщыхуэщхьэпэжащ.
Сыт и лъэныкъуэкIи зэфIэкI ­лъагэхэр зыбгъэдэлъ цIыхущ зы­хужаIэхэм хуэдэщ Аслъэн. Абы и студент илъэсхэр икъукIэ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. ЗэфIэкI зыбгъэ­дэлъ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, теп­лъэ уардэ зиIэ щIалэм зэуэ гу ­лъатат еджапIэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэхэми спортымкIэ тренерхэми. А илъэсхэм Джарымыр дихьэхащ спортым икIи ехъулIэ­ныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Ар СССР-м самбомкIэ и мастер, ­Урысейм и чемпион, дуней псом и ветеранхэм я чемпион хъуащ. А Iуэхум ар зэрыдихьэхам куэдкIэ и фIыгъэ хэлъщ Адыгейм спортым щигъуэта зыужьыныгъэм.
Джарымым и лэжьыгъэ гъуэ­гуанэр къыщыщIидзащ «Путь к коммунизму» колхозым. Зыхуигъэувыжа къалэныр нэсу зэфIи­хыфу, и мурадхэр зэрызригъэ­хъулIэн хэкIыпIэхэр къигъуэтыфу, гъащIэ и пIалъэ зэхигъэкIыфу, лэ­жьыгъэм хуэжыджэру къызэры­хъуам и фIыгъэщ агроному къы­щIэзыдза щIалэр Адыгэ Республикэм и Президент къулыкъум ны­зэрысар.
Лэжьыгъэм фIыуэ хэгъуэза иужь, Аслъэн и щIэныгъэм адэкIэ пищэну мурад ищIри, Мэкъумэш хозяйствэмкIэ Кубань институтым и аспирантурэм щIэ­тIыс­хьащ. А илъэсхэм наIуэ хъуащ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэми ар хъарзынэу зэрехъулIэр. Джары­мым щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу иIэщ, мэкъу­мэш щIэныгъэхэм я кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ зыбжанэ, щIыналъэ политикэм, къэрал ухуэныгъэхэм теухуауэ тхылъ­хэри яхэту.
ЩIэныгъэлI, унафэщI, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэм зыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхуми зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъагъуэу къэгъуэгуры­кIуами, абы и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэу Адыгэ Республикэр къызэрыунэхуарщ.
Адыгэхэр лIэщIыгъуэкIэрэ къэгъуэгурыкIуащ езым я къэралы­гъуэ яIэжыныр я хъуэпсапIэу. Лъэпкъым и щIыбагъ къыдэлъщ икъукIэ гъуэгуанэ гугъу икIи хьэ­лъэ. Абыхэм я щIыналъэм пшэ фIыцIэр куэдрэ къыщхьэщыхьащ икIи лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм лъыгъажэ зауэр иращIэкIыу зи псэр зытахэм я бжыгъэр къып­хуэмылъытэнщ. Сыт хуэдэ зэманми адыгэхэм яхэтащ къэралы­-         гъуэ щхьэхуэ къызэзыгъэпэщыну ­хущIэкъухэр. Апхуэдэ языныкъуэ пашэхэм я цIэр тхыдэм къыхэнащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ящыгъуп­щэжыпахэри щыIэщ.
Адыгейм автономие статусыр щратым лъэпкъыр абы зэрыщы­гуфIыкIар къыпхуэIуэтэнкъым. Ауэ а унэтIыныгъэм адэкIи зегъэужьын хуейт - иджы республикэ щхьэхуэ зэрыхъуным хущIэкъупхъэт.
ГуфIэгъуэ Iуэхур къэхъуащ 1991 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м. Абы щыгъуэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщ­хьэм къищтащ «Адыгэ ­автоном областыр Адыгэ Совет Социалист Республикэу зэ­ры­зэ­ра­хъуэ­кIым теухуауэ» уна­фэр.
ФIыуэ сощIэж: Джарым Аслъэн, а зэманым ди республикэм и япэ Президенту хахат, - РСФСР-м  и Совет Нэхъыщхьэм и зэIущIэм щIыналъэм и цIэр - Адыгэ Совет Социалист Республикэр - Адыгэ Республикэ фIэщыгъэмкIэ зэрахъуэкIыну къыщыхилъ­хьауэ зэры­щытар. Iуэхур къыдаIыгъащ икIи 1992 гъэм и гъатхэпэ мазэм Совет Нэхъыщхьэм и япэ сессием республикэм и цIэр хъуэ­жыным теу-хуа унафэр къыщащтащ.
Джарым Аслъэн зи унафэщI Адыгейрщ езым хуэдэ адрей республикэхэм къащхьэщыкIыу япэу зи Конституцэр къэзыщтар - 1995 гъэм гъатхэпэм и 10-м. Ар и щыхьэтт Адыгейр къэралыгъуэ щхьэхуэ зэрыхъуам. Республикэм иIэ хъуащ къэрал дамыгъэ нэхъыщхьэхэр - гимн, нып, герб.
90 гъэхэр ди къэралым и тхыдэм лъэхъэнэ хьэлъэу къыхэнащ. Экономикэ щытыкIэр хьэлъэми, Джа­рым Аслъэн республикэм и къэ­кIуэнумкIэ жэуалыныгъэшхуэ и пщэ дилъхьэжащ. Ар куэдым яхузэфIэмыкIын къалэнщ. Президенту хаха нэужь абы жиIащ: «ГъэзэщIакIуэ властым и пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр зы­хуэ­дэр сэ фIыуэ къызгуроIуэ. Адыгейм и къэкIуэнур шэсыпIэ щитым деж, сэ нэгъуэщIу сыпсэуфынукъым.
Адыгейм республикэ статусыр иIэ хъуами, ар зыхыхьэу щыта Краснодар крайм хуиIэ зэпыщIэ­ныгъэфIхэр зэпыбуд хъунутэ­-къым. ЩIыналъэм дежкIэ Крас­нодар крайр илъэс куэдкIэ щIэныгъэ, щэнхабзэ, экономикэ центру щытащ. ИкIи апхуэдэ зэхущы­ты­кIэфIыр Джарым Аслъэн зэрихъу­мэным хущIэкъуащ. Абы и Iущагъым, акъылыфIагъым, Iуэхум политикэ бгъэдыхьэкIэ тэмэм къы­зэрыхуигъуэтыфам и фIыгъэкIэ илъэс бжыгъэкIэ зэрагъэпэща ­мэкъумэш, щэнхабзэ, унагъуэ, благъэ-Iыхьлыгъэ, зэныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэфIхэр яфIэ­мы­кIуэду Адыгейр Краснодар крайм къыхэкIыфащ. «ДыкъыфхэкIми, дыкъонэ!», - жиIэу Джарымым абы щыгъуэм жиIа псалъэ шэ­рыуэхэм мыхьэнэшхуи яIэт, куп­щIэшхуи ящIэлът. Урысей Феде­рацэм щыяпэу Адыгеймрэ Краснодар краймрэ я щIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгу­рыIуэныгъэр зэращIылIауэ щытащ.
Адыгэ Республикэм и Президент къулыкъур щрихьэкIа илъэсхэм Джарым Аслъэн къэралыгъуэр гъэбыдэнымкIэ, щэнхабзэм, егъэ­джэныгъэм ехъулIэныгъэфIхэр щы­зэIэрагъэхьэнымкIэ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, хэхэс адыгэ­хэр зэпыщIэжынымкIэ иригъэ­кIуэкIа лэжьыгъэр къыпхуэ­мы­лъытэнщ.
Лэжьыгъэ и пIалъэ зыщIэ, жы­жьаплъэ политикыу зэры­щы­тым щыхьэт техъуэ и ехъулIэныгъэшхуэщ куржы-абхъаз зэпы­щIэ­тыныгъэр зэфIэхыным ар зэ­рыхэтар. 1992 гъэм и шыщхьэуIу мазэм Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр хэту а Iуэхум теухуа зэIущIэр Армавир щызэхишауэ щытащ Джарымым. Политикэм зэфIэкI лъагэхэр къы­зэрыщигъэлъагъуэм папщIэ Джа­рым Аслъэн къыхуагъэфэщауэ щытащ «Кавказым мамырыгъэ щыIэным и гуащIэ зэрыхилъхьэм папщIэ» дунейпсо саугъэтыр.
Республикэр къыщыунэхуа япэ илъэсым Джарымым и жэрдэм­-кIэ щIыналъэм къыщызэрагъэпэщащ «Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэцIэр иIэу махуэ зыбжанэкIэ зэхэта лъакъуэрыгъажэ­кIэ щызэдэжэ зэпеуэ. Адыгейм и мызакъуэу, абы къызэщIиубыдащ Урысей Ипщэм и щIыналъэхэри. Лъакъуэрыгъажэ зэпеуэр спорт зэхьэзэхуэ къудейтэкъым, атIэ цIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ, мамы­рыгъэм къыхуезэджэ Iуэху щхьэ­пэт.
Республикэм и унафэщIым сы­тым дежи гулъытэ хуищIащ хэгъэгум и социально-экономикэ зыу­жьыныгъэм. МылъкукIэ щытыкIэ гугъу итми, газкIэ псори къызэгъэпэщыным теухуа Iуэхугъуэр, ­гъуэгу ухуэныгъэхэр еужьэрэкIыу щызэфIагъэкIащ. Республикэм и япэ Президент Джарым Аслъэн и фIыгъэкIэ Адыгей къэрал пед­институтыр университет ящIащ. Мейкъуапэ къэрал технологие инс­титутыр къызэIуахащ, ари иужь­кIэ университету зэрахъуэкIыжащ.
Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ ­зы­Iэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ симфоние оркестр, «Ислъэмей», «Русская удаль», «Ка­зачата», Майкопчанка» ансамбль­хэр къызэрызэрагъэпэщар, ап­хуэдэуи езым я телевиденэ яIэж хъуащ, мэжджыт яухуащ, адыгэ­бзэрэ урысыбзэкIэ журналиплI къыдагъэкIын щIадзащ.
Мэжджытым и гугъу пщIымэ, ар ухуэныр зи жэрдэмыр Джарым ­Аслъэнт, абы фIыуэ къыгурыIуэт цIыхухэм я псэм гупсэхугъуэ ­игъуэ­тынымкIи дин зэмылIэу­жьыгъуэхэр зезыхьэхэм я кум зэгурыIуэныгъэ дэлъынымкIи а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы трагъэкIуэдэну мылъкумкIэ зыкъыщIагъуэну зэ­ра­щIылIа зэгурыIуэныгъэр гъэзэ­щIа зэрыхъум теухуауэ ар пащтыхьыкъуэ Рас-эль-Хаймы епсэ­лъэну Хьэрып Эмират Зэгуэтым щыIащ. Абы иужькIэ зэман кIэ­щIым къриубыдэу мэжджытыр хьэ­зыр ящIауэ щытащ. Апхуэдэу Мейкъуапэ щаухуащ члисэ.
Адыгэ Республикэм и Прези­­-дент къулыкъум Джарымым унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу сытым дежи къыщилъытар щIыналъэм мамырыгъэ, псэукIэ зэпэщ, абы щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгу­ры­Iуэныгъэ, зэныбжьэгъуныгъэ дэ­лъынырт. Нобэ Адыгейр зэпIэ­зэ­рыту зыужьыныгъэ гъуэгум зэрытетыр куэдкIэ и фIыгъэщ Джарым Аслъэн, апхуэдэуи Урысейм и субъект щхьэхуэу ар зэрызэфIэувамкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ абы и ужь итахэу Щэумэн Хьэзрэт, Тхьэ­кIушынэ Аслъэнджэрий сымэ.
ЩIыналъэм зиужьыныр, абы и лъабжьэр гъэбыдэныр дэтхэнэ зы унафэщIми и къалэн нэхъыщ­хьэщ, республикэм и цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэр зэлъытыжар аращи. Нобэ Адыгейр япэ ита ­тхьэмадэхэм хэша лъагъуэм тету йофIакIуэ, абы и Iэтащхьэ жыджэр КъумпIыл Мурат и унафэм щIэту. РБК хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, республикэм и цIыхухэм абы и лэжьы­­-гъэр къызэралъытам тещIыхьауэ, КъумпIыл Мурат нэхъыфIу къалъыта щIалъэ унафэщIи 10-м я бжыгъэм хэхуащ.
Зи юбилейр зыгъэлъапIэ Джа­рым Аслъэн и дежкIэ къэзгъэ­зэжмэ, ар бгъэдыхьэпIэ къы­зы­хуэбгъуэтыфI, зыхэщIыкI зиIэ, зэ­пIэзэрыту щыт цIыху къызэрыгуэкIщ. Апхуэдэу щIыжысIэр ар и псалъэм тебгъуэтэжыфу, цIыхум сытым дежи сэбэп хуэхъуну хущIэкъуу зэрыщытым сэ фIы дыдэу сыщыгъуазэщи аращ. Адыгэ Республикэр щызэфIэувэ лъэхъэнэм апхуэдэ унафэщI зыхуэны­къуэр. Республикэр къыщызэрагъэ­пэ­щым ар пашэу диIащ, зэ­фIэу­вэ­ныгъэ лъэхъэнэ хьэ­лъэхэри и фэ дэкIащ. Мис абы ­щыгъуэхэм сэ мызэ-мытIэу згъэу­нэхуащ ар емы­зэшыж лэ­жьа­кIуэшхуэу зэры­щы­тыр, унафэ ­къищтэхэм Iущагъышхуэ зэры­хэлъыр, къэрал гупсысэкIэ зэ­ри­Iэр, пэжагъыр, цIыхугъэр къызэ­рыдекIуэкIыр. ­НэхъыфIу къэс­цIыхухукIэ политик, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэм бгъэд­э­лъын хуей акъылыфIагъыр зэры­хэлъым, абы и щыпкъагъым, и чэзум унафэ тэмэмхэр къищтэфу, цIыхухэм и гулъытэ ялъигъэсыфу зэрыщы­тыфым сригушхуэрт. Шэч къыту­мыхьэу пхужыIэнущ Адыгэ Республикэм щыпсэу лъэпкъ псоми ар я пашэу зэрыщытар, абыхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгуры­Iуэ­ныгъэрэ, псалъэкIэ мыхъуу, Iуэху дахэхэмкIэ зэрыдилъхьэфар. ЦIыху зэхэгъэж ищIыртэкъым, щIыналъэм ис дэтхэнэми и гъащIэр зыхуэдэм абы и дежкIэ мыхьэнэ иIэт. И лъэпкъым и гуауэр езым и щхьэм хуэдэу зыхищIэрти, ар щынасыпыфIэм гушхуэныгъэ къыхилъхьэрт. Абы и щыхьэтт ­махуэ къэси зэфIигъэкI IуэхуфI­хэр.
Уи щIыналъэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъмэ, на­сы­пыр щытепщэмэ - абы нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Арат зыщIэхъуэ­псыр Джарым Аслъэн, и гъащIэри абы триухуащ. Ди деж ар япэ Президенту щытащ икIи игъащIэкIэ апхуэдэу къэнэнущ.

МэшбащIэ Исхьэкъ, АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.