ПСЭРЫУСЭ.

УсакIуэм я нэхъыбэр акъыл логикэкIэ мэгупсысэ, куууэ къыщIагъа­лъэрэ нэрылъагъухэри къызэрагъэ­дзэкIыу. УсакIуэм я нэхъ мащIэр псэ логикэкIэ мэгупсысэ, нэхъ куужу къыщIагъалъэрэ нэрымылъагъури уи гум кърагъащтэу. Мы иужьрейхэращ сэ нэхъ къэгъэщIакIуэ щыпкъэу къысщыхъур. Япэрейхэр щхьэрыусэмэ, етIуанэрейхэр псэрыусэщ. Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу тхужыIэну пIэрэ? Мы дунейм къамышы щытемыта зэманым щIопщыр япэу зыщIа фащIэр къэгъэщIакIуэт; япэрей щIопщым къытрищIыкIыу къамышы зыщIар къэгъэщIакIуэкъым - зыпэщIыжакIуэщ. Япэрейр авторщ, етIуанэрейр имитаторщ. Иджы усагъэм къэдгъэзэжмэ, мы псалъэм къикIын хуейращ: щхьэрыусэу зэхалъ­хьам хуэдэ дапщэ ухуейми пхуэгъэпсынущ, ауэ авторым и псэр зыхилъхьа усэм хуэдэ пхуэусынукъым, минрэ зыпэпщIыжами. Сэ псэкIэ сызэджэр гум зэрихуэ лъыракъым, сэ псэ зыфIэсщыр Тхьэм къыуита зэхэщIыкIыращи, мы дунейм цIыхупсэу тет миллиардиблым зэщхьыркъабзэу тIу яхэткъым - дэтхэнэри зейм ещхьыжу апхуэдэщ. Мы си пащхьэм илъ «Адыгэ хьэблэр» зи гуащIэ Къаны­къуэ Заринэ псэрыусэ дыдэщ, нобэрей ди усакIуэ нэхъыфIхэм яхуэдэу. Заринэ и псэр адыгэ пшынэм ещхьщ, дэтхэнэ пшынэ Iэпэм еIусэми, зэIусам и макъыр къэIуу - зы Iэпэм уэрэд къегъэIу, адрейм - усэ, къыкIэлъыкIуэм театрыр къегъэуш, адэкIэ Iэбэмэ - кIэзетыр къегъэпсалъэ, аргуэру Iэбэмэ - журналыр егъэгупсысэ... Адрей Iэпэхэми щхьэж и макъ иIэжщ. И кIэщIыращи, псэр къулеймэ, Iэм и зэфIэкIри мэбагъуэ. Сэ нобэ нывжесIэн хуэдэу сщIэркъым дяпэкIэ Заринэ и пшынэ Iэпэхэм ягъэIункIэ хъуну Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, ауэ шэч къытесхьэркъым философием, тхыдэм, литературэм, музыкэм, живописым, театрым, къафэм, щIэныгъэм, публицистикэм, къинэмыщIхэм я лъэныкъуэкIэ абы игъуэта зэхэщIыкIыр, щэнхабзэр лъэпкъым зэрыхуигъэлэжьэфынум. Уи пшынэ Iэпэхэм уащымысхь, ди шыпхъу цIыкIу!
Щхьэпэу адыгэм хуищIэ псори лъапIэщ лъэпкъым дежкIэ, ауэ сэ иджыпсту абыхэм къахэсIэтыкIыр Заринэ литературэм щиIэ зэфIэкIыращ. Псалъэр гъэлэжьэнымкIэ абы Тхьэм кърита лъэкIыныгъэр дигъэлъэгъуащ «ГъуэрыгъуапщкIуэ» (1994), «Уафэ щыгъэ» (1998), «Уэрэ сэрэ» (2008) тхылъхэм дыкъыщеджам, «Нагъуэ и унагъуэр» (2008) спектаклым дыщеплъам. Дэ мыбыхэм дызэрагъэгугъар «Адыгэ хьэблэм» дегъэлъагъупэ.
Купкъыр къокIыкIри, щIым къыхож аби, тхьэмпэ къыпокIэ - ар удзи, гъурци, жыги? КъыдокIуэтейри, мэгъагъэ - ар нэрылъагъуу жыгщ. КъапщIийхэр полъэлъыжри, пхъэщхьэмыщхьэ къыпокIэ, мэз къызэрыкIын жылэхэр я курылъу - ар жыг балигъщ. УсакIуэр къэкIыгъэм хуэбгъадэ хъунумэ - Къаныкъуэ Заринэ къэгъэщIакIуэ балигъщ, и усэхэм икъугъэрэ щIэблэкIи уащыгугъ хъун хуэдэу: я гурыщIэ кууагъкIи, я гупсысэ къарукIи, авторыр зыгъэгузавэ IуэхугъуэхэмкIи, дыгъуасэм зэрыплъэкIи, пщэдейм зэрыщыгугъкIи, и IэзагъэкIи, и адыгэбзэкIи мы Iэрамэхэр йолъэгэкI ипэрейхэм. Абы зыIэпигъэхуркъым нэхъапэм иришэжьа тематикэр, ауэ абы лъэщу къыбгъуроувэ лъэпкъыр зыгъэпIейтей упщIэхэр: адыгэм къытпэщылъ гужьеигъуэхэр, тхыдэм лъэщыгъэкIэ хэхэс ищIа ди къуэшхэр хамэм зэрахэшыпсыхьыр, ди благъэ абхъазхэм я дунейр, къинэмыщIхэри. А проблемэшхуэр зыгъэв ди шыпхъу гу пцIанэм и унагъуэри игу ихуркъым.
ЗыгъэщIагъуэ хэмыхьэу къызэрыгуэкI дыдэу гъэпсащ сатырипщI фIэкIа мыхъу «Си анэ» усэ цIыкIур. ПщэфIапIэм е пырхъуэм щекIуэкI псалъэмакъ хуэдэу укъо­джэ, купщIэр куууи къыщIимыгъалъэу, лъагащэуи имыIэту - итIани, уи гум къош­хыдыкI, уи псэр усакIуэм игъэпсалъэ нэхъей. Зэанэзэпхъум я уэршэрыр бгъэлъатэмэ, Бэчмырзэ имыдам хуэдэу, «пшыналъэр мэбгъунлъэ». Усыгъэм и эстетикэр къызыгурыIуэ пхъур лъэпэрэпакъым:

Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс,
Уи Iэгу щабэр къыслъэгъэIэс,
Сабиигъуэм сыхыумыгъэкI,
Сыхуэмей фIыгъуэ лъэпкъ абы фIэкI.
Сэ гукъеуэу сиIар мэбзэхыж,
КъызэпхьэлIэр сымыщIэу сохъуж.
КъызощIэж сыщисар уэ уи куэщI
ЩымыIэну зэман ар зыпэсщI...
Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс,
Балиейм и жьауэм дыщIэгъэс.

Зи псэр Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзыта и дэлъху Нурхьэлий хуиуса уэрэдитIри апхуэдэу Iэдэбу, гурыщIэ пэжу зэхэлъщ, афэрым яхуэфащэу.
Гупсысэ Iэджэми ягъэхьэщыкъ усакIуэм и гур, сэ абыхэм сахэщыпыхьу языр къахэсIэтыкIыфынукъым, си зэхуэдэщи, Зарини а гупсысэхэм дызэрыщIигъэдэIур езым и гурыщIэ защIэущ. Арагъэнущ я дэтхэнэри ди зэхэщIыкIым благъэ хуэзыщIыр.
Арами, сыкъытеувыIэпхъэу къызолъы­тэ лъэпкъ Iуэхум ар зэригъэпIейтейм. Лъэпкъым къыпэплъэ дунейм и гуащIагъэм еплъытмэ, лъагъуныгъэри, ныбжьэгъугъэри, лэжьыгъэри, мылъкури, узыншагъэри жьгъей щIохъукI. Абы ирогузавэ пщэдейм плъэ дэтхэнэри - политикхэри, щIэныгъэлIхэри, бизнесменхэри, тхакIуэхэри, адэ-анэхэри, лэжьакIуэхэри... Мы тхылъым цIэ езыта усэми псэ хуэ­хъуар а гуныкъуэгъуэращ: адыгэ хьэблэр лъэпкъым и нагъыщэу аращ.

Адыгэ хьэблэ, адыгэ къуажэ,
Псыкъуийм къищ вагъуэр щыгъэу
зыгъажэ.
Мыжеижыфу къэна уи щихухэм
Хы Iуфэ жыжьэр ноби я плъапIэщ.
НахуапIэу плъагъум хуощIыр гукъанэ,
Къэнар уи мащIэщ, къэкIуэжыр хамэ?
... Псыкъуий лъащIэхухэм нэса
гукъанэр
Къыхуибгъэхъуами, ефэфкъым нанэ.
Нэхущым ипэ хоушэ дадэ.
Адыгэ къуажэ, ухэмыкIуадэ!

Усэр зэрыщIибгъэж псалъэр Тхьэм хуэгъэза лъэIу хуэдэу зыхызощIэ. ИтIани ­усэбзэ телъыджэм и псэлъафэ шэрыуэхэм, псантхуэм ентIэIуурэ, гур ягъэуз, гупсысэр къызэщагъэу, псэр ягъэгулэз аби, темэм и мыхьэнэр ягъэлъагэ.
Мыр «Си лъахэ» гуэрэным хигъэува пэтми, и купщIэмкIэ «ИстамбылакIуэ» IэрамэмкIэ маплъэ.
«ИстамбылакIуэр» лирикэу гъэпса поэмэщ, кIуэцIрыкI фабулэр хэмыукъуэдиярэ макъамэ зыбжанэу зэхэгъэпсауэ. Мыр икIи гъыбзэщ, Хэкум ирахуа лъэпкъым я гуауэр игъейуэ, икIи джакIуэщ, дунейм тепхъауэ кIуэдыж адыгэр Хэкум къриджэжу. Ар авторым и макъкIэ Iуми, лъэпкъым ди зэхуэдэ лъэIущ. А лъэIум, мызэрэ-мытIэу къытригъэзэжурэ, къыхохъуэпскIыкI поэ­мэр къызэрыхидзэ усакIуэпсэр, нэхъри ­игъэкъарууэ:

Си Iэпкълъэпкъым лъы щIэтыхукIэ,
Сэ сыадыгэнущ.
Сыадыгэу сыпсэухукIэ,
Сэ ар сигу къеуэнущ.

Апхуэдэ псалъэр къизымыдзэни щыIэу пIэрэ?
Ещанэ усэ гупым Заринэ фIищащ «Гупсэхугъуэ». Абы къикIыр сыт? Псалъалъэм «гум зыщигъэпсэхуращ», - жи. Пэжу си гугъэщ. Ауэ си гум соупщIыжри, идэркъым: «сэ зыщызгъэпсэхур усэфI дыдэ дыкъыщеджэ-дыщедаIуэращ!» - жи. Iэнкуну напэкIуэцIыр зызогъэдзэкIри, япэ ит усэм дзыхьмыщIу къеджэн щIызодзэ, сытогушхуэжри сатырийри къызощыпыкI:

ГъащIэ къэгъэщIыным сыт пыщIа?
НапIэ дэхьеигъуэр мэхъур пIалъэ...
Псэр зыгъэнщI насып зыхэзыщIар
СыткIэ хуэныкъуэж зыгуэр и псалъэ?
Сэ псэзэпылъхьэпIэ къызолъыхъуэ,
ЗызгъэнщIыну зэи къысщымыхъуу.
Гухэлъ сызыунэщIхэм сыхуэныкъуэщ,
Псалъэм языхэзыр - псы Iубыгъуэщ...

Сатыр къэс къыкIэлъыкIуэр узыпэ­мы­плъа щIэщыгъуэу къыпыувэурэ узыIэпешэри, умыщIэххэу, псынэпс ­Iубыгъуэ къыпIурекIэж, «уэхухуху!» - ­жыуигъэ­Iэу. Аракъэ гупсэхугъуэ хъужыр! Псэр апхуэдэ щытыкIэм щихуэ напIэзыпIэхэр къэубыдын, ар зэхэщIыкIым къызэрыщыхъур бэяну зыгъэнаIуэ псэлъафэхэр, метафорэ жанхэр къэгъуэтын хуейщ. Нэхъ ­гугъужу къыщIэкIынщ апхуэдэ усэр шэчыгъуей мыхъуу гъэкIэщIыныр. Мардэмрэ щапхъэмрэ гъуазджэм и псэщ.
Мы ещанэрей Iэрамэм хыхьа усэ плIыщIри телъыджэ защIэщ, усакIуэм и псэр къигъаплъэрэ езыри кIэлъыплъыжу. Ар зыми емыщхьрэ езыр зэщхьыж ­къудейуэ къигъэщIа Заринэпсэщ. «Псэм и налкъутхэм» нэхъ IупщIыж къащI зи гугъу сщIыр. Ар сытым хуэусэми, уэри дэри дигъэлъагъур а зыхуэусэ дыдэракъым, атIэ а зыхуэусэр езым и псэм къызэрищтар ди нэгу къыщIигъэувэу, ди зэхэщIыкIми апхуэдэу къригъащтэу аращ.
Сэ мы тхылъым си фIэщ ищIащ зы хьэкъ: Заринэ дэрэ зы хъарбыз дыупщIатэмэ, IэфI къызэрытIурыхъуэнур зэмыщхьущ; мо балией гъэгъам дызэдеплъми, зэхуэмыдэущ зэрытфIэдэхэнур; зы розэ дызэдепэмми, и мэр зэщхьэщыкIыущ къызэрытщIихьэнур; шыгъури зэмыщхьу шыугъэнущ, шыбжийри зэмыщхьу сырынущ... Аращ сэ Къаныкъуэ Заринэ псэурыусэ щIыфIэсщыр.
Мы тхылъым усыгъэхэм къакIэлъыкIуэу гуэдзащ «Нагъуэ и унагъуэ» драмэри.
- Сыт зэмылъэпкъэгъухэр щIызэгуилъ­хьар? - жызыIэни щыIэнкIэ мэхъу.
Драмэмрэ усэмрэ гъэпсыкIэкIэ зэмы­лъэпкъэгъуми, псэкIэ зэблагъэщ. Зы авторым и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр (усэхэр, пьесэхэр, прозэхэр, ­эссехэр, щIэныгъэ статьяхэр…) зы тхылъу зэхэ­лъыныр куэд щIауэ культурэм игъэдурыса хабзэщ. Езы драмэр къапщтэмэ, абы дызригъэгупсыс конфликтыр иджырей унагъуэ Iэджэр зыгъэгузавэ дауэщи, театреплъхэр егъэгумэщI, и сюжетри гурыIуэгъуэрэ гъэщIэгъуэну ухуащи удехьэх. 2008 гъэм сентябрым и 17 пщыхьэщхьэу ар спектаклу щагъэлъагъуэм ЩоджэнцIыкIум и театрым сэри сыщIэсати, Iуп­хъуэр зэрызэхуащIыжу, залым щIэмыхуэж театреплъхэр дызэщIэтаджэщ аби, IэгуауэшхуэкIэ дыщыгуфIыкIащ Заринэ и ехъулIэныгъэм. Апхуэдэ тхыгъэхэр, спектаклхэр сэбэпышхуэ мэхъу конфликт зэ­хэлъэхъам и хэкIыпIэр къэбгъуэтынымкIэ.
Заринэ ныбжькIи псэкIи усакIуэщIэщ, лъэкIыныгъэшхуэ зэриIэри, гурыщIэ-гупсысэ зэрихъумэри дигъэлъэгъуарэ куэдкIи дигъэгугъэу. И къалэмри жумартщ, и псэм хуэдэу. Абы и зэфIэкIым и ныбжь Iэджэри дяпэкIэщ къыщыкъуэкIынур, хьэлэмэтагъэмкIэ уагъэIэнкуну, уеблэмэ, укъагъащтэу. ГъащIэ кIыхь ухъу!

НАЛО Заур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.