Лъэпкъхэм я хабзэхэм зыщагъэгъуазэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым мамырыгъэм и тхьэмахуэ щегъэкIуэкIыным теухуауэ зэфIагъэкI лэжьыгъэм хыхьэу (Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэм абы ­мылъку хухихащ), жэпуэгъуэм и 30-м а еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ гуэдзэн щрат и институтым ще­кIуэкIащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ» зыфIаща зэпеуэр.
Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэхэм я хабзэхэм зэрыха­щIы­кIымкIэ гупитху зэпеуащ: «Прометей» (мэкъумэш факультет), «Дети синагоги» (сату-технологие факультет), «Пока все дома» (экономикэмрэ уна­фэр зегъэкIуэнымкIэ факультет), «Нэхъыжьхэм я Совет» (механизацэмрэ IуэхущIапIэхэр электрокъарукIэ къы­зэ­гъэпэщынымкIэ факультет), «Не Тимур и его команда» (Кавказ Ищхъэ­рэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и лIыкIуэхэр).
Джэгу-зэпеуэр иригъэкIуэкIащ ­КъБКъМУ-м тхыдэмрэ философиемкIэ и кафедрэм и унафэщI КIарэ Мадинэ.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ: ­КъБКъМУ-м и проректор Езауэ Анзор, СКГИИ-м и проректор Эфендиев Фу­-Iэд, КъБКъМУ-м и сату-технологие фа­культетым и декан ЛIуп Тимур, ­СКГИИ-м культурологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Шаваевэ Мари­-нэ, КъБКъМУ-м гъэсэныгъэ лэжьы­гъэ­хэмкIэ и управленэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Аскэрхъан, тхыдэмрэ фи­лософиемкIэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Лу Анзор.
Iыхьищу гуэшауэ щыта зэхьэзэ-хуэм лъэпкъ хабзэ гуэрым теухуа теп­лъэгъуэ ягъэувын хуейт гупхэм. Iуэхум щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэнагъ халъ­хьэу бгъэдыхьащ сату-технологие факультетым и лIыкIуэ гупыр. Абыхэм журтхэм я тхыдэр дахэу къагъэлъэ­гъуащ икIи зэхьэзэхуэм и «домашнее задание» Iыхьэм и саугъэт хэхар ­хуагъэфэщащ.
Капитан нэхъыфI хъуар Щоджэн Лянэщ - экономикэ факультетым я лIыкIуэр.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Пока все дома» гупым, «Не Тимур и его команда», «Нэхъыжьхэм я Совет» гупитIым етIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ, «Дети синагоги» гупыр ещанэщ, «Прометей»-м еплIанэр къы­­лъысащ.
Зэпеуэм хэтахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.

КъБКъМУ-м и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.