КIуэкIуэ К. В. хэтащ Узыншагъэр хъумэным теухуауэ Къэрал советым и Президиумым иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Путин Владимир иджы­благъэ Къэрал советым и Президиумым и зэIущIэр Светлогорск къалэм щригъэкIуэкIащ, узыншагъэр хъумэным и лъэныкъуэкIэ Урысей Федерацэм и субъектхэм къапэщыт къалэнхэм ятеухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Урысейм и Президентым зэрыжиIамкIэ, узыншагъэр хъумэным зегъэу­жьыным хуэунэтIауэ къэралым иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ. Абы и лъэныкъуэкIэ гу зылъытапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ ди цIыхухэм я гъащIэр нэрылъагъуу нэхъ кIыхь зэрыхъур. Къапщтэмэ, Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ дунейпсо зэгу­хьэныгъэм къызэритамкIэ, Урысейм и цIыхухэр 2014 гъэм ику иту илъэс 70,9-кIэ псэуамэ, 2019 гъэм а бжыгъэр илъэс 73,6-м нэсащ.
«Шэч хэмылъу, ар зи фIыщIэр дохутырхэрщ, медицинэ IуэхущIапIэхэрщ, щIэныгъэлIхэрщ, ди щIыналъэ куэдым зэфIэкIышхуэ къагъэлъагъуэу щылажьэ гуп зэщIэгъэуIуахэрщ. Абыхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ технологие лъагэ­хэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэу­жьыным, анэмрэ сабиймрэ я узыншагъэр хъумэным пыщIа къалэнышхуэхэр дэгъэкIыным я лъэныкъуэкIэ. Аргуэру зэ къыхэзгъэ­щхьэ­хукIыну сыхуейщ: ди ехъу­лIэныгъэ псори щыхьэт тохъуэ дэ нэхъыбэж зэрытхузэфIэкIынум икIи абы ­папщIэ цIыхубэр зыхуэ­ны­­къуэхэр къэлъытауэ ды­лэжьэн зэрыхуейм», - къыхигъэщхьэхукIащ къэралым и УнафэщIым.
Абыхэм къадэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ, жиIащ Путин Владимир, къэралым исхэм я процент 60-м щIигъур узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и щытыкIэм арэзы къызэримыщIым. Апхуэдэ мыарэзыныгъэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар узыншагъэр хъумэным и пэщIэ­дзэ IэнатIэрщ - фельдшер-акушер пунктхэр, дохутыр амбулаторэхэр, поликлиникэхэр, район сымаджэщхэр зэрызэпэубыдарщ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэм ящыщ куэ­дым я унэхэр блэкIа лIэщIыгъуэм и кум зэращIарщ икIи абы лъандэрэ зэрызэрамыгъэпэщыжарщ, узыншагъэр къызэрапщытэ Iэмэпсымэ­хэр, дохутырхэр къазэре­мэщIэкIырщ.
«Нобэрей щытыкIэр дэ къызэрытлъытэр нэхъ япэ­кIэ щыIа зэкIэлъымыкIуа­гъэхэр къызэрызэднэкIам елъытауэкъым, атIэ иджыпсту къэув къалэнхэм, къэ­кIуэну зэманым дызы­телэжьэн хуейхэм ятещIы­хьауэщ. Куэд мыщIауэ дэ ехъулIэныгъэу къытщыхъуу щытахэр иджы къызэрыгуэкI мардэу цIыхухэм къалъытэ икIи ипэжыпIэкIэ ар захуагъэщ. Абы къикIыр дэ мы IэнатIэм щедгъэкIуэкI лэжьыгъэр нэхъри щIэдгъэхуэбжьэн хуейуэ аращ», - жиIащ Президентым.
Урысейм и Правитель­ст­вэм хуэдгъэува пщэрылъхэм япкъ иткIэ, къыхигъэщхьэ­хукIащ Путин В. В., нобэм ирихьэлIэу къащтащ медицинэм и пэублэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ хабзэхэр икIи абыхэм япкъ иткIэ къэралым и субъектхэм езыхэм я щIыналъэ прог­раммэхэр щIышылэм и 10-м ирихьэлIэу зэхалъхьэну, ахэр бадзэуэгъуэм и 1-м фIэмыкIыу къащтэну къапэщытщ.
«Медицинэм и пэублэ IэнатIэм и щытыкIэмкIэ жэуап псом япэу зыхьыр щIыналъэхэм я властхэрщ икIи абыхэм езыхэм я еплъыкIэ яIэжщ зэтрихьа гугъуехьхэр дэгъэкIыным теухуауэ. Пэу­блэ IэнатIэр, ипэжыпIэкIэ жыпIэмэ, цIыхухэм нэхъ япэгъунэгъу икIи абыхэм я дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм я нэхъыбапIэр зэрымыарэзым за­хуагъэ хэлъщ, псом хуэ­мы­дэу фIым хуэгъэза зэхъуэ­кIыныгъэхэр щымащIэм деж. Псом хуэмыдэу, щIыналъэ властхэр IэнатIэм и зэхэлъыкIэр гъэтэмэмыным егъэлеяуэ жыджэру елэжь щхьэкIэ, абы медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щримыгъэфIакIуэм, уеблэмэ щы­зэ­Iигъэхьэм деж апхуэдэ мыарэзыныгъэхэр нэгъэсауэ къэлъытапхъэщ», - къы­щIигъуащ къэралым и унафэщIым.
Путин Владимир щапхъэу къихьащ, псалъэм папщIэ, поликлиникэхэр цIыхухэм я псэупIэм пэмыжыжьэу щы­лажьэ икIи абыхэм щыIэ терапевтхэр егугъуныгъэ яхэ­лъу я IэнатIэм бгъэдэт щхьэкIэ, узыфэ пыухыкIахэм еIэзэ IэщIагъэлIхэр, зы­хуеину Iэмэпсымэхэр къалэм и щIыпIэ жыжьэхэм е нэгъуэщI районым щыIэу къызэрыхъум теухуауэ: «Ап­хуэдэ къызэгъэпэщыкIэм ахъшэр къыдигъахуэу къы­щIэкIынущ, ауэ цIыхухэм я Iуэхур дэгъэкIынымрэ абыхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ къилъытэркъым икIи медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр псоми къагъэсэбэпыныр къызэригъэпэщыркъым. Дауи, ап­хуэдэм деж тэмакъкIыхьагъ зыхэлъи, зи чэзум пэплъэни щыIэнущ. Ауэ языныкъуэ­хэм къеузыр зэхэгъэкIыныр кIыхьлIыхь зэращIым къы­хэкIыу абыхэм я узыр хэужьынэнкIэ хъунущ.
Зэман гъунэгъум къэув къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу Путин В. В. къыхигъэщхьэхукIащ медицинэм и лэжьакIуэхэм я къалэныр нэгъэсауэ ягъэзэщIэнымкIэ зыхуеину Iэмалхэр къызэгъэпэщыныр, абыхэм лэ­жьапщIэр зэрырат щIыкIэр егъэфIэкIуэныр: «ИкъукIэ куэд елъытащ медицинэм и пэублэ IэнатIэм щылажьэ дохутырхэм я зэфIэкIыр, щIэныгъэр, IэщIагъэр зды­нэсыр, абыхэм сымаджэхэм хуащI гулъытэр зыхуэдизым. Абыхэм дэтхэнэ зы цIыхуми и узыншагъэмкIэ, апхуэдэу щыщыткIэ, цIыху­бэм я узыншагъэмкIэ ­икъукIэ жэуаплыныгъэшхуэ къабгъэдохуэ. Пэублэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыным 2020 гъэм щегъэжьауэ илъэсищкIэ трагъэкIуэдэн папщIэ аргуэру сом меларди 150-рэ хухах. Ауэ а ахъ­шэр пэщIэдзэ лъэхъэнэм яхурикъуну къабжауэ аращ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, щIыналъэ программэхэм я экспертизэр зэфIэкIа нэужь, ахъшэр зыхуэдизу щытынур ягъэтэмэмыжын хуейщ. Правительствэм къыхилъ­хьащ а ахъшэр щIыналъэхэм ятегуэшапхъэу езым къызэрилъытэ щIыкIэр. Мыр Iуэху цIыкIукъым икIи бюджет зэхуаку трансфертхэм ехьэлIащ. Нэхъыщхьэ дыдэр - а ахъшэр пщIэншэу мыкIуэдынырщ икIи абы и хьэкъкIэ Iуэху нэрылъа­гъу­хэр дэгъэкIынырщ.
Иджыпсту зэгурыIуэу унафэ пыухыкIахэр къащтэн хуейщ. Пэублэ IэнатIэр узын­шагъэр хъумэным и лъабжьэщ икIи ар зэманым къигъэув къалэнхэм яхуэфащэу зэтегъэува хъун папщIэ властым и къудамэ псори зэгурыIуэу икIи зэ­щIэгъэуIуауэ зэдэлэжьэн ­хуейщ», - жиIащ Путин Владимир.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.