Къалэным хуэпэж лэжьакIуэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм мафIэсыр гъэункIыфIыныр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и оперативнэ плъыр ЛIуп Амир 1992 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ и плъыр часть №1-м икIи къэрэгъулым и унафэщIым нэсащ. Ар щылэжьащ мафIэс часть №10-м (Тырныауз къ.), №19-м (Налшык къ.), №8-м (Къашкъэтау). Мы IэнатIэм зэрыщылажьэ илъэс 27-м къриубыдэу ЛIупыр хэтащ мафIэс куэдым.
ЛIуп Амиррэ абы и лэжьэгъу-мафIэсгъэункIыфIхэмрэ я дежкIэ гугъуащ 2000 гъэм и гъэмахуэр, Тырныауз къалэм ятIэпс къыщыдэлъэдар. ПЧ-10-м и къэрэгъулым и унафэщI ЛIупым жэщ-махуэ 14-кIэ зэпыу имыIэу къалэныр ирихьэкIащ: къеха ятIэпсым трихат Герхожан-су псым телъ лъэмыжыр икIи къалэр Iыхьищу зэпыуда хъуат. А зэманым Амиррэ и къэрэгъулымрэ куэд ящIащ цIыхухэмрэ абыхэм я мылъкумрэ кърагъэлыным теухуауэ.
2000 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м жэщыр сыхьэт 12-м и ныкъуэм ПЧ-10-м хъыбар къыIэрыхьащ: къеха ятIэпсыр щIэуащ псэупIэ унэхэм, цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ дэIэ­пыкъуэгъу дыхуейщ. Плъыр къэрэгъулым и гупитIыр, частым и нэхъыщхьэ Къумыкъу Азрэт ящIыгъуу, ар къыщыхъуа щIыпIэм нэсащ. Iуэхур гугъут: къалэм уэздыгъэр щыункIыфIат, макъышхуэ ищIу къех ятIэпсыр увыIэртэкъым. Апхуэдэми, мафIэсгъэункIыфIхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу Мусукаевымрэ Отаровымрэ я уэрамхэм тет фэтэр куэд хъу унищым къыщIагъэIэхъукIащ цIыхуи 160-м щIигъу, абы сымаджэ, езыр-езыру земыкIуэфхэри яхэту. Зи щхьэзакъуэ унэ щыпсэухэми лъэIэсат апхуэдэ шынагъуэр икIи дэIэпыкъэгъу хуей кIий макъхэр къэIурт, арщхьэкIэ ятIэпсым Iэмал къаритыртэкъым лей зытехьахэм я деж кIуэну. МафIэсгъэункIыфIхэм фонархэмрэ кIапсэхэмрэ къащтэри, цIыхухэр къалъыхъуэу щIадзащ. Я гъащIэм емыблэжу, я бгым къэс псы щIыIэм хэту мафIэсгъэункIыфIхэм аргуэру цIыхуищ кърагъэлащ. Абыхэм щIыпIэ шынагъуэр къызэранэкIыну хунэса къудейуэ, къыкIэлъыкIуэ ятIэпсыр къехри щIэлъэдащ дакъикъэ зыбжанэ ипэкIэ цIыхухэр къызыщIагъэIэпхъукIа унэм. А псори къыщыхъуар япэ жэщырщ. Апхуэдэ махуэрэ жэщу дапхуэдиз ягъэвын хуейуэ къапэплъэрэт!
Къатибгъуу зэтет унэр пэлъэщакъым ятIэпсым. МафIэсгъэункIыфIхэм яхузэфIэкIащ унэ зэтещэщам цIыхуищ къыщагъуэтыжу дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и дохутырхэм Iэрагъэхьэну.
МафIэсгъэункIыфIхэр цIыхухэр къегъэлыным и закъуэкъым зэлэжьар: Тырныауз къэнат псы зэфэн имыIэуи, автоцистернэхэмкIэ Терсколрэ Былымрэ кърашын хуей хъуащ икIи яхузэфIэкIащ цIыхухэр псы щамыгъэщIэну.
Сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщащ мафIэсгъэункIыфIхэр. Абыхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ мафIэс часть №10-м и лэжьакIуэ зыбжанэм, абы ЛIупри яхэту, «За спасение погибающих» медалхэр къратащ. Амир жеIэ а дамыгъэхэр IэнатIэм и гупым къызэрилэжьар. Дэтхэнэми и къалэн игъэзэщIащ, и гъащIэм емыблэжу.

СЭБАН Арсен.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.