Депутат тхылъхэр иратыж.

КъБР-м и Правительствэм дыгъуасэ щекIуэкIа зэхыхьэм республикэм и ­хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и депутату хахахэм я щыхьэт тхылъхэр щратыжащ.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш ­Вячеслав. Абы хэтащ ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Конституцэ Судым и унафэщIым и ­къуэдзэ Чэт Юрий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур сымэ.
КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм 2019 гъэм фокIадэм и 16-м къыдигъэкIа унафэ №94/1-6-м ипкъ иткIэ «Захуагъэ здэщыIэ Урысей», «Урысей зэкъуэт», КПРФ, ЛДПР политикэ партхэм, «ЩхъуантIэ­хэр» эко­логие партым я Къэбэрдей-­Балъкъэр щIыналъэ къудамэхэм къабгъэдэкIыу ­КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхы­хьэгъуэм хэтыну хаха депутат 70-м я тхылъхэр зэIущIэм щратыжащ.
Депутатхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэ­тащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Абы щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м и ХэхакIуэ ­комиссэм и лэжьакIуэхэм, хэхыныгъэхэр ныкъусаныгъэншэу, хабзэм тету къы­зэрызэрагъэпэщам папщIэ. Къуэдзо­къуэр къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыдигъэкIа унафэм, абы тету КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхы­хьэгъуэм и япэ зэIущIэр фокIадэм и 19-м ирагъэкIуэкIынущ.
- КъБР-м и Парламентым и еханэ зэ­хыхьэгъуэм хэтыну депутатхэр зэфIэкI зиIэ, хабзэубзыху лэжьыгъэм фIыуэ ­хэ­зыщIыкI цIыхухэрщ. Си гуапэу дэтхэ­нэми сохъуэхъу цIыхубэм я дзыхь къызэрагъэзамкIэ икIи дыщогугъ ахэр къазэрыщы­гугъымкIэ къамыгъэщIэхъуну. КъБР-м и Парламентым къыщыгъэ­лъэгъуащ унэтIыныгъэ зырыз зиIэж по­литикэ парт зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIхэр, ауэ дэ псори дызэкъуэзы­гъэувэжынур зыщ - щIыналъэм и зыу­жьыныгъэм дызэрытелэжьэнырщ, - жиIащ Зумакулов Борис.
Депутатхэм лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкIыну, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэ­хъуащ депутатхэу Щхьэгъэпсо Сэфарбий, Пащты Борис, Безгодькэ Владимир сыми.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)