КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтыным, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, къэрал шынагъуэншагъэм теухуа законхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыным-
кIэ и къудамэм и унафэщI Шурдым Анзоррэ иджыблагъэ журналистхэм яIущIащ.
Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэ унафэщIхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр, жылагъуэ зэпIэзэрытыгъэр къызэрызэрагъэпэщым.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Къуэшырокъуэ Залым къыхигъэщащ Урысейм Украинэм дзэ Iуэху хэха зэрыщригъэкIуэкIым къыхэкIыу, къухьэпIэ къэралхэм ди Хэкур зэрыхьзэрий хадзэн щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалми зэрыхуэкIуэр, псом хуэмыдэу хъыбар нэпцIхэр зэрызэбграгъэхыр. «А псор зыхуэунэтIар ди цIыхубэр ягъэшынэу къарууншэ ящIынырщ, ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъунырщ. Абы дызэрыпэщIэтыфынур цIыхухэм хъыбар пэжхэр яIэрыдгъэхьэущ. Пэжращ къару зиIэри, дэ аращ дызителъхьэр. Ди лъэпкъ гупсысэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ хъума хъунымкIэ а Iуэху бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ Залым. - Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдогъэзащIэ «2021 - 2025 гъэхэм экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зэрыпэщIэтыр» къэрал программэр. Абы къыщыгъэлъэгъуа пщэрылъхэм щIыдгъужащ, СВО-р зэрекIуэкIыр къэтлъытэри. Тхыдэм дриплъэжмэ, фощIэж зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм куэд къебгъэрыкIуэу зэрыщытар, ауэ абы зэи зыри къытекIуакъым. Хэку зауэшхуэм и зэманым Гитлер дуней псом щыжиIат Урысейр игъэкIуэдыну зэримурадыр. АрщхьэкIэ ди цIыхубэм я лIыхъужьыгъэм ар фIэкIыфакъым. Нобэ Украинэмрэ КъухьэпIэмрэ зи ужь итри аращ - ди къэралыр зэбграгъэлъэлъыжыныр я хъуэпсапIэу абы щыгъуэм яхузэфIэмыкIа мурадыр ягъэзэщIэнырщ, фашизмэр къагъэщIэрэщIэжынырщ. Абы дыпэщIэтын хуейщ ди къару зэхэдзэкIэ.
Къуэшырокъуэм жиIащ псом нэхъыщхьэу щIалэгъуалэр хъыбар нэпцIхэм пэIэщIэ ящIын зэрыхуейр. «Дэ ди цIыхубэр сыт щыгъуи Iущу, _захуагъэм и телъхьэу къекIуэкIащи, къытпэщIэувэхэм я хьилагъэхэри пхыкIынукъым. Украинэмрэ абы къыгуэт къухьэпIэ къэралхэмрэ Урысейм ямыбзыщIу къызэрыпэщIэувар къэплъытэмэ, зэман гъунэгъум экстремизмэмрэ терроризмэмрэ дызэрыпэщIэтым нэхъри делIэлIэнущ», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Шурдым Анзор жиIащ къаIэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи тепсэлъыхьащ прокуратурэм и къалэн нэхъыщхьэхэм. «Дауи, дызэрыт зэманми къару гуэрхэр иужь итщ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щIыналъэм щытыкIэр щызэщIагъэплъэну, - жиIащ абы. - Ди IуэхущIапIэр псом япэу цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэм кIэлъоплъ, уголовнэ Iуэхухэр зэхегъэкI. Иужьрей илъэситхур къапщтэмэ, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пыщIауэ цIыху пщIы бжыгъэхэр ягъэтIысащ. 2023 гъэм республикэм щIэпхъаджагъэ Iуэхуищ щалэжьыну я мураду къызэпыдудащ, абы и пэ илъэсым - Iуэхугъуи 2-м. Апхуэдэ лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ республикэм шынагъуэ къыщымыхъуу екIуэкIащ. А Iуэхум хэтащ IэнатIэ щхьэхуэхэмрэ республикэм и МВД-м и къудамэхэмрэ», - жиIащ Шурдымым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым уголовнэ Iуэху 13 къыщаIэтащ УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я лэжьыгъэм зэрыпэщIэуэм теухуауэ. Зыр щэхурылажьэ Iуэхум епхат, тIур - къэралым зэрепцIыжам. Шурдымыр тепсэлъыхьащ иджыблагъэ щIэпхъаджагъэ ялэ-
жьыну зи гугъахэм ящыщ зыбжанэ Налшык къалэм пэгъунэгъуу зэраубыдам, цIыхуитI зэраукIам.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Урысейм къыпэщIэтхэм къэралым зэран къызэрыхуэхъуну Iэмалхэм ящыщу нэхъыбэу телефоныр къызэрагъэсэбэпыр, гъэпцIагъэкIэ щIэпхъаджагъэ гуэрхэр ялэжьыну цIыхухэр къызэрыхураджэр, террорист Iуэхухэм хашэн папщIэ, щIалэгъуалэр къыдахьэхыну зэрыхэтыр. Абы и лъэныкъуэкIэ телефонхэм трагъатхэ джэгу зэмылIэужьыгъуэхэри къагъэсэбэпыф.
Шурдым Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ хъыбар нэпцIу 200-м нэблагъэ къыщIагъэщащ, цIыху 50-м нэс административнэ жэуапым ирашэлIащ.
Дызэрыт зэманым гулъытэ хэха зыхуащIынухэм я гугъу щищIым, Къуэшырокъуэ Залым жиIащ къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжхэм лъэпкъ фIыгъуэхэр хъумэным ехьэлIа лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIыныр зэрыхэтыр. «Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхубэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуным и IыхьэфI хэлъщ лъэпкъхэм илъэс минхэм къыпхраха я хабзэфIхэр IэщIыб емыгъэщIыным. ЦIыхугъэм и мыхьэнэм, хэкур фIыуэ лъагъунымрэ абы хуэпэжын зэрыхуеймрэ зыщIэ цIыхур Iуэху мыщIагъуэхэм хэшэгъуей хъунущ. Мы зэманым ди щIалэгъуалэр къагъэсэбэпу къэралым зэран къызэрыхуэхъунум куэд йощэ. ЗэрыжытIауэ, сабийхэм къаIэрохьэ хабзэм къемызэгъыу Iуэхугъуэ гуэрхэр ялэжьыну къыхураджэу. Абы къыхэкIыу хъыбар нэпцIхэм дызэрыпэщIэтыным иджыпсту гулъытэ хэха иIэн хуейщ», - дыщIигъуащ абы.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ислъам диным къигъэувыр зэрахъуэкIыу жылагъуэм еплъыкIэ щхьэхуэхэр зэрыхахьэм и зэран къазэрекIми, лъэпкъ щэнхабзэхэр (къафэр, джэгур, макъамэр, гъуазджэр) IэщIыб зэрыхъуми. «Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыщыщ лъэпкъи яIыгъ дини емылъытауэ Законым къигъэувым дыщытетщ. Къэралым и Конституцэм зыми и хуитыныгъэ къызэпиудыркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым Ислъам институт диIэщи, дин и лъэныкъуэкIэ хамэ къэралхэм щIэныгъэ къыщамылъыхъуэу, абы ди щIэблэр щеджэныр нэхъ сфIэкъабылщ. Къэлъытэн хуейщ нэгъуэщI къэралхэм гупсысэкIэр, диным теухуауэ яукъуэдийр нэгъуэщIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунур», - жиIащ министрым.
Апхуэдэуи ар къытеувыIащ республикэм и нэIэ зытригъэт Херсон щIыналъэм экстремизмэм, терроризмэм епха гуэрхэр къыщымыхъуным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэжьыгъэм. Къуэшырокъуэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къыхуриджащ зэбграгъэх хъыбархэм набдзэгубдзаплъэу хущытыну, цIыхухэм я деж пэжыр нахьэсыну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ