ЦIЫХУ МЕЛУАНИПЩI ЕПЛЪАЩ«Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэблэгъащ цIыху мелуан епщIанэ хъуа, Ярославль щыщ Панфилов Константин. Абы и гъусэт и щхьэгъусэ Екатеринэ. - Ар дызыпэмыплъа Iуэхущ. Выставкэм япэу дыкъакIуэу аращ. Абы екIуэлIахэм я мелуан епщIанэ сызэрыхъуар гуапэщ, - жиIащ Панфилов Константин. «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэм и ехъулIэныгъэхэр» АНО-мрэ «Росатом» къэрал корпорацэмрэ къабгъэдэкIыу, Константинрэ и щхьэгъусэмрэ тыгъэ хуащIащ Мурманск къалэм зэрызыщаплъыхьыну сертификатыр. Абы Iэмал къарет «Ленин», «Атомфлот» атомнэ ледоколхэм, Кольскэ атомнэ электростанцым кIуэуэ зрагъэлъэгъуну. Выставкэр мы тхьэмахуэм щIэщыгъуэу йокIуэкI. Мэлыжьыхьым и 4-м ягъэлъэпIащ ар къызэрызэрагъэпэщрэ мазитху зэрырикъуар. Мэлыжьыхьым и 6-м абы кIуащ цIыху мелуан епщIанэр. Гъэлъэгъуэныгъэм щIэупщIэшхуэ щIиIэр ар Урысей псом и щIыналъэхэм щыщхэм къызэрызэрагъэпэщарщ. Къэрал псор зэкъуэувауэ я ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэ. Лъагъуныгъэрэ гушхуэныгъэрэ щыкуэдщ абы! Аращ цIыхубэр абы езышалIэри. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы Къэбэрдей-Балъкъэрым и павильони щолажьэ. Абы и хьэщIэхэм республикэм и ехъулIэныгъэхэм, социально-экономикэ зыужьыныгъэхэм, лъэпкъ хабзэхэм зыщагъэгъуазэ. Мультимедие Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, турист, мэкъумэш IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр, щэнхабзэ щIэинхэр щагъэлъагъуэ. КъищынэмыщIауэ, абы щыболъагъу республикэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ шхыныгъуэхэмрэ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым и лэжьыгъэм ВДНХ-м щыпищэнущ бадзэуэгъуэм и 8 пщIондэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|