Матовников Александр щIалэгъуалэм яIуощIэ.

ШыщхьэуIум и 13-м «Мэшыкъуэ-2019» щIалэгъуалэ зэхыхьэм Кавказ Ищхъэрэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Абы иращIэкIыну дауэдапщэхэм хэтыну яхуеблэгъат Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, лIыкIуэхэр.
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми махуэшхуэм екIуу зыхуагъэхьэзырат. Дэтхэнэми ягъэува лъэпкъ пщIантIэ цIыкIухэм узыщримыхьэлIэ фIыгъуэ щыIэтэкъым: шхынхэкI хэплъыхьахэр, IэрыкI телъыджэхэр, унэлъащIэр зэрагъэдахэ пасэрей хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщI куэди.
ХьэщIэхэр екIуу ирагъэблэгъа иужькIэ форумым щагъэлъагъуэ проект нэхъыфIхэм нэIуасэ хуащIащ. Ипэ илъэсхэм «Мэшыкъуэ» щыпхыкIыу гъащIэм хапща проектхэри гулъытэншэ ящIакъым. Апхуэдэщ Къэзакъхэм я тхыдэм хуэгъэпса мультимедийнэ музейр.
Дагъыстэным къикIа гупым хьэщIэхэм я пащхьэ ирахьащ я IэрыкI нэхъыфIхэр (гъуаплъэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, кхъуэщынхэр, IэкIэ щIа алэрыбгъу телъыджэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым дизайнер ныбжьыщIэхэм, дыщэкIхэмрэ модельерхэмрэ я IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр утыку кърахьащ.
Нэгузыужь концерт ягъэлъэгъуащ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я лIыкIуэхэм.
Хабзэ зэрыхъуам тету, КИФЩI-м и хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэр я щIыналъэм къикIа ныбжьыщIэхэм щхьэхуэу хуагъэзащ. А зэIущIэм ныбжьыщIэхэр зыгъэпIейтей Iуэху куэд къыщаIэтащ. Ахэр ехьэлIат хэгъэгум зегъэужьынымкIэ Iэмалхэм, турист нэхъыбэ щIыналъэм къешэлIа зэрыхъунум, щIалэгъуалэм IэнатIэ зэрамыгъуэтым, ныбжьыщIэхэр хьэрычэтыщIэ Iуэхум тегъэгушхуэным, нэгъуэщIхэми.
Матовников Александр япэщIыкIэ IущIащ Кавказ Ищхъэрэм хэмыхьэ щIыналъэхэм ящыщу форумым къекIуэлIа ныбжьыщIэхэм. Ар абыхэм ядэгуэшащ «Альфа» IуэхущIапIэм илъэс куэдкIэ щищIа лэжьыгъэмкIэ, иджы зыпэрыт IэнатIэм къагъэкIуа иужькIэ хузэфIэкIахэмрэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжхэмрэ. Матовниковым зи гугъу ищIахэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм и пщIэр къэIэтыжыныр, хъумэныр.
- Мыхьэнэ ин иIэщ Кавказ Ищхъэрэр зэрыщIыналъэ шынагъуэншэр Урысейм щыпсэу дэтхэнэми къегъэщIэным, - жиIащ Матовниковым.
ЗэIущIэм хэт ныбжьыщIэхэм и гугъу ящIащ мы гъэм Мэшыкъуэ щрагъэжьа «Послы СКФО» проектым. Абы ипкъ иткIэ форумым хьэщIэу хэт щIалэгъуалэм Кавказ Ищхъэрэм теухуа хъыбархэр, щIыналъэр къазэрыщыхъуар Интернетым и социальнэ гупхэм щытепсэлъхьын хуейщ. Япэхэми хуэдэу, Кавказыр - хьэщIэ фIыуэ зылъагъу, хабзэ дахэ зэрылъ щIыналъэу зэрыщытыр цIыхухэм я деж нэхьэсынырщ къалэну зыхуагъэувыжыр.
Ди щIыпIэр зрагъэцIыхуну къэкIуа ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ Матовниковым.
- Фэ фхуэдэ хьэщIэхэр нэхъыбэу къытхуеблэгъэху, Кавказ Ищхъэрэр зэрыщыту, и фIыгъуэ нэхъыщхьэхэр зэIухауэ цIыхухэм ябгъэдэтлъхьэну Iэмал диIэнущ, уеблэмэ, цIыхухэм фэ яжефIэр нэхъ я фIэщ хъунри хэлъщ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
КъыкIэлъыкIуэу Матовников Александр яIущIащ щIалэгъуалэ форумым хэтхэм. А зэIущIэм хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, ТАСС хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Михайлов Сергей сымэ.
- Ди къалэн нэхъыщхьэр къэралым и Президентым иубзыхуа лъэпкъ проектхэр гъащIэм хэпща хъун папщIэ цIыхухэм Iэмал псори еттынырщ. Ди хэгъэгум и щIыналъэ псоми а лэжьыгъэр щокIуатэ, - жиIащ полномочнэ лIыкIуэм.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, лэжьыгъэхэм нэхъыбэу жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ унэтIыныгъэхэрщ яIэр. Матовниковым къызэхуэсахэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, хэгъэгум щагъэзащIэ проект 337-м трагъэкIуэдэну мы гъэм и закъуэ сом мелард 74-рэ къыхуаутIыпщащ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2024-рэ гъэ пщIондэ яубзыхуа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ щIалэгъуалэм я дэIэпыкъуныгъи хуэныкъуэнущ.
- Щхьэж хузэфIэкIыр къыхилъхьэу, махуэ къэс къытпэщыт къалэнхэр зэгъусэу дгъэзэщIэн хуейщ. ГъащIэм жыджэру, кIэщущу, губзыгъэу хэт щIалэгъуалэм Iыхьэлейуэ дыфщогугъ. Фэращ дэ едгъажьэ Iуэхухэм пызыщэнур, адэкIэ езыгъэфIэкIуэнур, - жиIащ Матовниковым.
Баринов Игорь къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм и зыужьыныгъэр, ефIэкIуэныгъэр ар шынагъуэншэу щытынымрэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэнымрэ куэдкIэ зэрелъытар.
- Ди къэралым и беягъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы лъэпкъ куэд зэрыщыпсэур. Лъэпкъ нэхъыбэ дыдэ здэщыIэ Кавказ Ищхъэрэм а и фIыгъуэ нэхъыщхьэр и тегъэщIапIэу абы зэрызригъэужьыным хущIэкъупхъэщ. Къэралым и тхыдэм лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр къызыхэщ Iуэхугъуэ куэдым ущрохьэлIэри, а лъэныкъуэм дытевгъэлажьэ, - жиIащ Бариновым.
Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ езыр зи унафэщI агентствэм а Iуэхум ехьэлIауэ зэфIигъэкIхэм. А унэтIыныгъэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкI ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэми. Абы и унафэщI Михайлов Сергей къигъэлъэгъуащ щIэуфэ хэмыту КИФЩI-м къыщыхъу Iуэхухэм щытепсэлъыхьын, къагъэлъэгъуэн папщIэ «Это Кавказ» проектыр къызэрагъэпэщауэ зэрылажьэр.
- Кавказым теухуауэ портал нэхъ ин дыдэу щыIэр аращ. ЩIыналъэм щекIуэкI гъащIэр, Iуэхугъуэхэр, цIыхухэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэр абы зэIухауэ къыщыбгъуэтынущ.
ЗэIущIэм ипкъ иткIэ ныбжьыщIэхэм я упщIэ куэдым жэуап игъуэтащ. КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу нэхъ ехъулIэу Матовниковым къилъытэм щыщIэупщIэм, абы жиIащ:
- Кавказыр - щIыналъэ телъыджэщ. Мыбы щекIуэкI гъащIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым, ар КИФЩI-м зэ нэхъ мыхъуми къэкIуа куэдым къыхагъэщ. Абы къыхэкIыу зы щIыналъи щхьэхуэу къысхухэгъэщхьэхукIынукъым, дэтхэнэми езым и фIыгъуэ пыухыкIа иIэжщ, уитхьэкъуу.
ЗэIущIэм и кIэухым хьэщIэхэм форумым хэт щIалэгъуалэм ехъулIэныгъэ яIэну, я щIыналъэм, къэралым и зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну Iуэхухэр къайхъулIэну Матовниковыр ехъуэхъуащ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)