ТЫНШ ХЪУНУЩ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту республикэм мы гъэм щызэрагъэзэхуэж автомобиль зекIуапIэхэм я нэхъ кIыхь дыдэр Бахъсэн районым и Къубэ-Тэбэ, Къулькъужын Ищхъэрэ, Къулькъужын Ипщэ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгурщ. Абы километр 18 и кIыхьагъщ. 
Къулъкъужын Ищхъэрэм пхрыкI автомобиль зекIуапIэм зэщIегъэхьэ амбулаторэр, щIыпIэ сымаджэщыр, къуажэ администрацэм и хэщIапIэр, курыт еджапIищыр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэр, сабий садыр, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр. 
Автомобиль зекIуапIэм тель асфальтыжьыр мы зэманым трагъэкъэбзыкI. Ар зэрызэфIэкIыу, IэщIагъэлIхэм гъуэгум тIуащIэу асфальтыщIэ тралъхьэнущ, и Iуфэхэр ягъэбыдэнущ, гухьэ-гуэкIхэмрэ псэупIэхэм хуэкIуэ лъагъуэхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ. КъинэмыщIауэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм лъэс лъагъуэхэр бгъэдашэнущ автомобиль зекIуапIэ нэхъыщхьэм хиубыдэ лъэмыжхэр къагъэщIэрэщIэжынущ, шынагъуэншагъэм тещIыхьа нагъыщэхэр гъуэгу щхьэфэм щратхъэнущ, и бгъуитIымкIи щагъэувынущ. 
ЗэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, лэжьыгъэ псори мы гъэмахуэм яухынущ.  

КЪАНКЪУЛ Раисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.