«ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я БЫНХЭР» ПЭХУЭЩIЭМ ТЕТУКъэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и IэщIагъэлIи 150-м я зэфIэкIым хагъэхъуащ «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектым (пэхуэщIэм) къриубыдэу. IэщIагъэлIхэр хуеджащ щытыкIэ гугъум ихуа, зи адэр зауэм щыIэ сабийхэм, унагъуэхэм зэрадэлэжьапхъэ щIыкIэхэм. Ахэр зи къалэн нэхъыщхьэ зэхуэс ин махуищкIэ щекIуэкIащ Псыхуабэ къалэм дэт «Мэшыкъуэ» егъэджэныгъэ центрым. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэт КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Мэшыкъуэ» центрыр, «Iуащхьэмахуэ» университет зэгуэтыр. Егъэджэныгъэ курсхэм хэтащ ди республикэм хыхьэ щIыпIэ IэнатIэ псоми я лIыкIуэхэр. Ахэр зэпэщхьэхуэуи гуп-гупуи зэдэлэжьащ, я зэфIэкIхэмкIэ зэдэгуэшащ, сабийхэм яхуэгъэпса проект пашэ зэмылIэужьыгъуэхэу школым, щIыпIэм, щIыналъэ псом тещIыхьахэр утыку ирахьащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|