НАЛШЫК КЪАЛЭ И УЭРАМХЭР КЪЫЗЭЩIАГЪАБЛЭ

«Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм щызэфIагъэкIащ Владикавказ къалэм хуэкIуэ дэкIыпIэм хыхьэ, метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу гъунэм Iут пкъохэм иджырей уэздыгъэхэр фIэдзэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр.

IэщIагъэлIхэм гъуэгубгъум пкъоущIэхэр щагъэуващ, светодиод жыхуаIэ лампIхэм хуэдэхэр ираIуэнтIащ. А пкъохэм екIуалIэ электрокъарур щIы щIагъымкIэ ирашэлIащ. «Уафэ къабзэ» программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм хохьэ пкъохэм фIэлъу япэм ирикIуэу щыта ток кIапсэхэр кърахьэхыу, щIы щIагъым щIалъхьэныр, ахэр зэпамыудын, я зэран зыми емыкIын папщIэ. Ар лэжьыгъэр псом япэу хуэунэтIащ электрокъарур шынагъуэншэу къэгъэсэбэпыным.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ республикэм и къалащхьэм и щIыпIэу 8 иджырей мардэхэм тету нэгъабэ къагъэнэхуащ, уэрам уэздыгъэу мини 10 зэрахъуэкIащ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI