Амщокъуэ Амырхъан утыку йохьэ.

Ди газет напэкIуэцIхэм ящыщ зым иджыблагъэ зи гугъу щыфхуэтщIа КъБКъУ-м и аспирант Амщокъуэ Амырхъан (зыщыщ Амщокъуэ лъэпкъыр «МылIэжын полк» зэхыхьэм жыджэру зэрыхэтар и фIы­-гъэщ икIи абы къыхилъхьащ «Псори дигу къэдгъэкIы-жынщ» лъэпкъ зэхуэсыр накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу гъэ къэс зэхашэну) теухуа хъыбар гуапэ иджыри къытIэрыхьащ. ЩIэблэр тхыдэм щIэпIыкIы-ным, къэралыр, щIыналъэр зэрыгушхуэ я лIыхъужьхэр зейхэм егъэцIыхужыным ехьэлIа Iуэху дахэр, дауи, уасэншэщ.
Лъэпкъ уэрэдхэр гъэзэщIэ­нымкIэ Кобзон Иосиф и цIэкIэ Грознэ къалэм шыщхьэуIум и 2 - 4 - хэм къыщызэрагъэпэща ­дунейпсо фестиваль-зэпеуэм рес­пуб­ликэм къыбгъэдэкIыу ­щIалэ жыджэрым зыкъыщи­гъэлъэ­гъуащ икIи абы ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
Музыкант, уэрэджыIакIуэ, продюсер, усакIуэ, къэфакIуэ, битмейкер ныбжьыщIэхэр, езыхэм ятхыжа усэхэр, я IэдакъэщIэкI уэрэдхэр зыгъэзэщIэжхэр мы гъэмахуэм хыхьэу бадзэуэгъуэм и 17 - 23-хэм Кърымым япэу щекIуэкIа «Таврида 5.0» урысейпсо зэхыхьэм щызэхуэсащ. Щэнхабзэ, гъуазджэ фестивалыр къыхэзылъхьахэм я мурадыр зэ­фIэкI зиIэ щIалэгъуалэр зэхуа­шэсу унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэжаныкIхэм я талантыр къагъэнэIуэнырт, ахэр ­зэкъуагъэувэнырт, щIэхэм тра­гъэ­гуш­хуэнырт.
КъБР-м и лIыкIуэу а фестивалым и «Рэп сменэм» кIуащ икIи жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ къэ­рал университетым и аспирант, КъБКъУ-м уэрэдымрэ къа­фэмкIэ и «Амикс» театрым хэт, республикэм и концертхэр зы­гъэдахэ Амщокъуэ Амырхъан. ЩIалэм ехъулIэныгъэхэр щиIэщ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ уэ­рэд жыIэнымрэ.
- Зэхуэсым КИФЩI-м щыщ- хэм я унэтIакIуэу хэта Хьэгъэ­- жей Иринэ и деж къыщысщIащ рэп уэрэдхэр зыгъэзащIэхэри абы зэрыщызэхуэсынур, - жеIэ ­Амырхъан. - Зэпеуэм сыхыхьэн папщIэ къысхуагъэува лэжьыгъэхэр зэфIэзгъэкIри, си уэ­рэ­дыр яхуезгъэхьащ. ТхьэмахуитI­кIэ сы­пэплъа нэужь, зэхьэ­зэхуэм сы­зэрыпхыкIам теухуа хъыбарыр къысIэрыхьащ. Псом хуэмыдэу сигу дыхьащ зэхы- хьэр тенджызым пэмыжыжьэ щIыпIэм зэрыщрагъэкIуэкIар, ди программэр щIэщыгъуэу зэрызэхагъэувар, ущыджэгу хъу­ну утыкухэр ­гъунэжу дызэ­риIар, абы ныбжьэгъу куэд къы­зэрыщызгъуэтар, цIыху гъэщIэгъуэн зыбжанэ къы­зэры­щыс­хуэхъуар, - игу къегъэкIыж ­Амырхъан.
Амщокъуэм зэрыжиIэмкIэ, псом хуэмыдэу гукъинэж щы­хъуащ проектым и унафэщI Батурин Андрей, я гъэсакIуэхэу Кру­той Игорь, рэпер Вахтанг, «Black Star» продюсер центрым и уна­фэщIхэу Курьянов Павелрэ Аб­рамов Викторрэ, къэралым и нэ­гъуэщI артист цIэрыIуэхэм я мастер-классхэмрэ лекцэ купщIа­фIэ­хэмрэ.
Фестивалым хыхьэу къызэрагъэпэща зэпеуэ зэмылIэужьы­гъуэхэм хагъэхьэнухэр къыщыхах зэхьэзэхуэ куэдым и зэфIэкI щеплъыжащ Амщокъуэр. Езым итхыжа уэрэдыр игъэзащIэри, ар пхыкIащ лъэпкъ уэрэдхэр жы­IэнымкIэ Кобзон Иосиф и цIэкIэ къызэрагъэпэща «Красная гвоздика» дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ къэрал университетым и ректор, студентхэм заужьыным ехьэлIа жэрдэмхэр сыт щыгъуи къыддэзыIыгъ Апажэ Аслъэн фIыщIэ хуэфащэщ, фестивалым сыкIуэ­нымкIэ къызэрыздэIэпыкъуам папщIэ. Зэпеуэм урысыбзэкIэ щызгъэзэщIа икIи стхыжа «Тает во мгле», «Магия» уэрэдхэр фестивалым ещанэу къызэрыщалъытар гуапэ сщыхъуащ, - къыддогуашэ Амщокъуэр. - Фестивалым сызэрыхэтам къы­дэкIуэу Грознэ къалэми зыщысплъыхьыну Iэмал сызэриIари гуимыхуж сщыхъуащ.
ЩIалэ жыджэрым и творческэ зэфIэкIхэр урысейпсо, къэрал­псо зэхыхьэхэм екIуу зэрыщигъэлъагъуэр, ехъулIэныгъэхэр къы­зэрыщыхуагъэфащэр, къы­зыхэкIар, ди щIыналъэр фIыкIэ зэригъэIур, дауи, узэрыгуш­хуэнщ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.