Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ.

Ди гуапэ зэрыхъущи, йофIакIуэ хэкурысхэмрэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дяку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр. Абы и щыхьэтщ ди лъэпкъэгъу ныбжьы­щIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къызэрыкIуэр.
Тыркум, Израилым, Ставрополь крайм и Курс­кой районым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Мэздэгу районым щыпсэу ныбжьы­щIи 100-м нэсым тхьэма­хуитIым щIигъукIэ зыщагъэпсэхуащ, я нэгу зы­щрагъэужьащ Налшык щыIэ «Долинск» турбазэм (унафэщIыр Ацкъан Iэни­уарщ).
Iуэху щхьэпэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIа­пIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. Абы и мурад нэхъыщхьэр ди лъэп­къэгъу сабийхэм я узын­шагъэр егъэфIэкIуэнырщ, я нэгу зегъэужьынырщ, лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм хэгъэгъуэзэнырщ, анэ­дэлъ­хубзэр щытепщэ адэжь щIыналъэм гу щегъэхуэнырщ. Апхуэдэу гъэ­быда мэхъу нэгъуэщI щIы­пIэхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм яхудиIэ пы­щIэ­ныгъэхэр.
Турбазэм зэрыщыпсэуа зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэхэм ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьащ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ зэхыхьэхэр къыхузэрагъэ­пэщащ, республикэм ис лъэпкъ­хэм я IуэрыIуатэм, тхыдэм хагъэгъуэзащ. Ахэр хэтащ Аб­хъазым и утым бэрэжьей пщыхьэ­щхьэхэм щрагъэ­кIуэкI адыгэ джэгум, Сэ­ралъп Мадинэ и Арт-Центрым щыIащ, Iуащхьэ­махуэ лъапэ, Гуэл ­ЩхъуантIэхэм, Шэджэм псыкъелъэхэм я нэгу зыщ­рагъэужьащ, къалэ паркым зыщагъэпсэхуащ, цIыху­ цIэрыIуэхэм яхуэзащ.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ хьэлэ­мэтхэмкIэ, гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ махуэхэр ирахьэкIащ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм. Зэманыр къэсри, мэрем кIуам лагерыр зэхуащIыжащ, гуфIэ­гъуэ щытыкIэм иту. Сабийхэм хузэхаша пшы­хьым абыхэм къахуеблэ­гъат Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIы­- цIэ Мухьэмэд, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным­-рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Андзор сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Ди ныбжьэгъу цIыкIухэ! Ди хьэщIэ лъапIэхэ! Хуаб­жьу ди гуапэщ фэ адэжь щIыналъэм фыкъакIуэу абы фи лъэр зэрыщытев­гъэувар, - къыхигъэщащ ХьэфIыцIэм и къэпсэ­лъэ­ныгъэм. - ТхьэмахуитIкIэ фыщыхьэщIа лъахэращ дэ псоми ди анэр, мыбы щызэхэфха адыгэбзэращ псоми ди анэбзэр. Шэч хэлъкъым, фэ фигу ихунукъым мы щIыналъэ дахэм щывгъэкIуа махуэ куп­щIа­фIэхэр. Сынывохъуэхъу ­гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къывэзыта а лъэхъэнэ кIэ­щIым хуэдэ зэман куэд фи гъащIэм хэтыну. Фыкъа­кIуэ, фыкъытхуеблагъэ дяпэкIи. Кавказым, адэжь хэкум я бжэхэр фэр пап­щIэ дапщэщи зэIухащ.
Гуапэу сабийхэм захуигъэза нэужь, ХьэфIыцIэм абыхэм фэеплъ тыгъэхэр яритащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу. Ап­хуэдэхэт, къапщтэмэ, ныбжьыщIэхэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа адыгэ махуэ­гъэпс­хэр, журналхэр, тхылъ­хэр, альбомхэр, адыгэлI хахуэ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ япэу зэрыдэкIрэ илъэси 190-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къы­дагъэкIа медалхэр, ­нэгъуэщIхэри.
НыбжьыщIэхэм псалъэ дахэкIэ захуэзыгъэзахэм ящыщщ КIурашын Андзори. Абы зэрыжиIамкIэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм хуаIэ пы­щIэныгъэм зрагъэуб­гъун папщIэ, республикэм и унафэщIхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIах, щIыналъэхэм я зэхущытыкIэхэр ирагъэфIэкIуэну хущIокъу. Ап­хуэдэуи къыхигъэщащ хьэщIэр зи щIасэ ди щIы­пIэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэхэр зэрыщызекIуэр, ахэр нэрылъагъу сабийхэм ящыхъуауэ къы­зэрилъытэри.
ГуфIэгъуэ пшыхьым къы­щыпсэлъащ Тыркум, Израилым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием къикIа гупхэм я пашэхэр. Абыхэм фIыщIэ ин хуащIащ къезыгъэб­лэгъа республикэ уна­фэщI­хэми, турбазэм и лэжьакIуэхэми, гулъытэ къа­хуэзыщIа нэгъуэщI Iуэху­щIапIэхэми, цIыху щхьэхуэхэми, гурэ псэкIэ къазэрыбгъэдэтам пап­щIэ, я нэгу зрагъэужьыну, загъэпсэхуну, гукъинэж зэхуэсхэм хэтыну Iэмал къызэрыратам папщIэ.
Зэхуэсыр ирагъэкIуэкIащ ди республикэм и артист цIэрыIуэхэу КIэхумахуэ ­ФатIимэрэ Аттаев Азноррэ. Абы лъэпкъ уэрэд дахэхэмрэ пшыналъэхэмрэ ща­гъэIуащ Хьэкъул Оксанэ, Шал Хъусен, гъуазджэм и нэгъуэщI лэжьакIуэ пажэхэм.
Фэеплъ сурэтхэр зытрагъэха нэужь, адыгэ джэгу дахэкIэ пшыхьыр зэхуа­щIыжащ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.