Юлие и сэхуран гъэгъахэр

ЦIыхур зэса мардэхэр псын­щIэрыщIэу гъащIэм ехъуэж, нэр зыхьэхуа ­тво­р­чес­кэ IэдакъэщIэкIхэм уатет­хы­хьын къудейр къы­зэ­рыгуэкI еплъыкIэхэм ­къи­гъэтIэсэгъуейуэ.

«ЦIыхухэм я лъэIукIэ су­рэт сощI» жиIэу зытетха, Головком и цIэр зезыхьэ уэрамым тет абджыпс унэм ублэкIын къудейм узыIэпешэ. Мурад сщIащ сыщIыхьэу хуиту зы­щысплъыхьыну - хэт димыхьэхыр сурэтыщIхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа теплъэ­гъуэ дахэхэм…
Пасэрей кхъуэщыным ит сэхуран гъэгъа Iэрамэшхуэр зэ еплъыгъуэкIэ репродукцэу къысфIэщIат. Абдежым гуфIэу къызбгъэдыхьащ ику ит ныбжь зиIэ цIыхубз лъагъу­гъуафIэ. Уянаевэ Юлиет ар - сурэтыщIт. УпщIэ леи къызимыту ар лъэныкъуэкIэ екIуэ­тэкIащ, сурэтхэм гупсэхуу сахэплъэну Iэмал къызиту. Апхуэдэ щэным деж къыщы­щIидзэрт цIыхум бгъэдэлъ зэчийм узыIэпишэнуми, пIэ­щIэ­гъуэр птелъу укъы­зэ­рыщIэкIыжын Iэмал къэп­лъыхъуэнуми. Салоным щIэт «гармоние» телъыджэр зыкIи зэпимыуду абы щэхуу къызжиIащ сурэт псори езым зэриIэдакъэщIэкIыр… Адрей псори щылейт дахагъэм и дунейм. Иджы си гупсысэм зэригъэзахуэр а псом хухэс­хыну тхыгъэм и гъэпсы­кIэ сщIы­нурт - сыхуейтэкъым творческэ цIыхум и зэфIэкIыр биографие гъущэрэ абы зэгуэр къыхуагъэфэща гулъы­тэхэм я бжыгъэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ згъэнщIыну.
Хуиту зэпызоплъыхь гъуэгурыкIуэу сыздыблэкIым, псом япэу си нэм къыфIэна сэхуран Iэрамэр - Vinsenta Van Gog и сэхуранхэр сытым щыщ жыпIэнщ! Абдежым гукIэ зэпэслъыту сыхуежьащ а IэрамитIым яхъумэ щэхухэр - Ван Гог ейм и репродукцэ сиIэт. Си гум къэкIар зэуэ езу­пIэхыжащ, дэтхэнэ зы «шедевр» лэжьыгъэми къыдгурымыIуэ куэд зэрыхэлъыр и щхьэ къысфIэхъужри. ИтIани, сегупсысырт илъэс 500 - 600 ипэкIэ ящIа IэдакъэщIэкIым иубыда лъагапIэр зэи къэмылэнджэжын зэрыхъуам… А зэман жы­жьэм лъандэрэ сыт хуэдиз сурэтыщIым я сэхуран Iэрамэ дапщэ дунейм къытехьа, ар япэм ефIэкI пэтми, бжьыпэр зэи къазэрылъымысынур ящIэ­жу… Гъэгъам и зэхэгъэувэкIэр, абы ирихьэлIа сэху­сэплъхэм я зэхуэхьыкIэр, су­рэ­тыр къэгъэнэIуэным хуэ­щIауэ къигъэсэбэпа лъащIэр - я дэтхэнэми уатхьэкъу.
Уянаевэм и реализм гъэп­сы­кIэр лъэныкъуэ куэду гуэшащ: ди лъахэр зэрыкъулей, гум къехуэбылIэ теплъэ­гъуэхэр, ирехъу ар пасэрей унэ, пхъэщхьэмыщхьэ Iэнэ. Гъэм и зэблэкIыгъуэ зэманхэм ятрищIыкIахэр IупщIщ, я жыпхъэ щхьэхуэ яIэжщ, ауэ яхуэбгъэдэн дэнэ къипхын зэ еп­лъыгъуэкIэ къызэрыгуэ­кIыу зэхэт удз гъэгъа Iэрамэхэм, щхьэгъубжэ зэIухам къы­зэ­щIиубыдэ теплъэ кIапэм, хы Iуфэхэм щызэш ­гъуазэ ны­къуэкъутэм…
Гъэгъа жанрым темыкIыу гъэпсыкIэхэр щихъуэжа чэ­тэн­хэми уарохьэлIэ, уздеплъым, арт гъэпсыкIэм зэуэ ухашэрэ, уи гупсысэр нэхъри зэкIэщIахыу. Дэрэжэгъуэ ­къует кхъуэщын хужь-ша­къафэм пыIухауэ къыщ­хьэщыт хризантемэ гъэгъа хужьхэм. А тIур зэпэIэщIэу ищIащ сурэтыщIым, хьэршымрэ щIылъэмрэ гупсы­сэкIэ ар зылъагъухэм зэпащIэжынуми хуиту.
Иджырей сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм къахуэнэн папщIэ, гугъуехь щхьэ­хуэхэм пэщIэтын хуей мэхъу. Апхуэдэхэм деж уней салонхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм цIыху куэд щыщахуэу пхужыIэнукъым, ауэ гъащIэм къыщыхъу сыт хуэдэ зэ­хъуэкIыныгъэхэми емы­лъы­тауэ, ахэр къызыгурыIуэ, дахагъэм дэрэжэгъуэ къы­хэ­зыххэр щыIэнущ икIи абыхэм Iэмал къуат а зы сурэтыщIым и дунеймрэ и зэфIэкIымрэ нэхъ куууэ ущыгъуэзэнымкIэ. Ди республикэм уней салонхэр иджыпстукIэ щымащIэщ, сурэт гъэлъэгъуапIэ Iэхуит­лъэ­хуит инхэр зэрыщымыIэм хуэдэ къабзэу.
ЦIыхум я гъащIэр нобэ мылъкум нэхъ тегъэщIа ­хъуащ, - жаIэнущ куэдым, псэ­лъамэ, арщхьэкIэ а дэ­зыхьэхынур япэщIыкIэ ялъагъун хуейт. Сыти жыIи IэдакъэщIэкI нэсым блэкIын куэд щыIэкъым, къахуэмыщэхуми, еплъын къудей щхьэкIэ.

ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ