КЪУАЖЭ УЭРАМХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм. 
Иджыпсту лэжьыгъэхэр щокIуэкI Терекскэ (ХьэпцIей) и къуажэкум. Мыбдеж щызэрагъэпэщыж километр I,3-рэ зи кIыхьагъ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Абы къедзылIащ цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэу жылэм дэт зыбжанэ – курыт еджапIэр, сабий садыр, къуажэ администрацэм и унэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, амбулаторэр, нэгъуэщIхэри. 
Гъуэгу лэжьыгъэм хыхьэу иджыпсту асфальтыжьыр тратхъунщIыкI, иужькIэ щIэ тралъхьэжынущ, ибгъухэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщынущ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ, автобус къэувыIэпIэхэр зэрахъуэкIынущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэмахуэм зэфIагъэкIынущ.
БОРЭ Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.