Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Бэлэтокъуэм жиIащ фэтэр куэд зыхэт унэхэр щIымахуэм хуэзыгъэхьэзырхэм я лэжьыгъэхэр фокIадэм и 15-м яухын зэрыхуейр, жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу хуабэр къэзыт, псыр зрикIуэ бжьамийхэр дагъуэншэу зэрыщытыпхъэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм фэтэр куэд зыхэт унэ 2384-рэ щыIэщ, ахэр котельнэ 389-м къагъэхуабэ.
КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гъэсашэ Жамболэт къыщыпсалъэм къыхигъэщащ щIымахуэм зыхуэгъэхьэзырыным сом мелуан 588-рэ мин 33-рэ зэрытрагъэкIуэдэнур, щIыпIэ бюджетымрэ IуэхущIапIэхэм я ахъшэмрэ къыхэкIыу - сом мелуан 319,3-рэ. Мы зэманым сом мелуани 184,2-рэ зытекIуэда лэжьыгъэ ягъэзэщIащ (ахъшэм и процент 57,7-р).
Яубзыхуа лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIымкIэ къыкIэроху Налшыкрэ Лэскэн районымрэ. Япэ итщ Аруан, Май, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэр, абыхэм лэжьыгъэм и процент 80-м нэсыр зэфIахащ.
Бадзэуэгъуэм и 25-м ирихьэлIэу къызэрапщытамкIэ, унэхэр щIымахуэм хуэхьэзырщ процент 73-кIэ (нэгъабэ ар процент 79,8-кIэ зрагъэхъулIауэ щытащ). Унэ 491-м щыпсэухэм нобэр къыздэсым къахухэхакъым я Iуэхухэр зезыгъэкIуэнур хэтми. А унэхэм я нэхъыбэр Налшык къалэм ейщ.
Зэрагъэпэщыжын хуейуэ котельнэхэм щIэт Iэмэпсымэ 389-м ящыщу 295-м елэжьащ. Хуабэ-энергетикэ комплексым къызэщIиубыдэм и процент 60-р жьы хъуауэ къалъытащ. Псом хуэмыдэу унафэщIхэр тогузэвыхь ПсыкIэху къуажэм дэт котельнэм и щытыкIэм.
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щIымахуэм зыхуэгъэхьэзырыным сом мелуани 3-рэ мини 119-рэ тригъэкIуэдэнущ. Бадзэуэгъуэм и 25-м ирихьэлIэу лэжьыгъэхэм я процент 34-р игъэзэщIащ. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм а Iуэхум текIуэдэну хухаха сом мелуан 25,3-м и процент 75-р къигъэсэбэпащ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм - процент 46-рэ (псори зэхэту сом мелуани 2-рэ мин 570-рэ къигъэсэбэпыну и мурадщ).
«Кавказ Ищхъэрэм и Россетхэм» мы Iуэхум тригъэкIуэдэнущ сом мелуани 157,5-рэ, «Газпром Налшык» IуэхущIапIэм - сом мелуан 77-рэ мин 484-рэ.
Ростехнадзорым и къудамэм и унафэщI Джэду Мурат жиIащ къэпщытэныгъэхэр шыщхьэуIум и 19-м щIадзэу жэпуэгъуэм и 14 пщIондэ зэрырагъэкIуэкIынур.
Я Iуэхур зытетым теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ район администрацэхэм я лIыкIуэхэр.
КъБР-м энергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и министр - КъБР-м и къэрал псэупIэ инспектор нэхъыщхьэ Безниковэ Иринэ жиIащ зыми и нэIэм щIэмыт унэхэм гулъытэ хуащIын зэрыхуейр.
Бэлэтокъуэ Владимир къыхигъэщащ, нэгъабэ зэфIагъэкIам еплъытмэ, мы гъэм лэжьыгъэхэр нэхъ хуэму зэрыкIуатэр. Къапщтэмэ, абы и щхьэусыгъуэр мыгъэрей гъатхэм унэхэр зэрагъэплъа пIалъэр нэхъ кIыхьлIыхь зэрыхъуарщ, ауэ зэман благъэкIам Iуэху псори лъэщIагъэхьэжын хуейщ.