САНИТАР ТРАНСПОРТХЭР КЪАХУОКIУЭ

Прохладнэ, Тэрч, Аруан, Лэскэн, Шэджэм, Шэрэдж, Эльбрус муниципальнэ центрхэм я ­амбулаторэхэм, Налшык дэт къалэ поликлиникэхэм, Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт сымаджэщым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ яритащ санитар лэжьыгъэр зэры­рагъэкIуэкIыну автотранспортыщIэу 25-рэ. Ахэр къагъэщхьэпэнущ дэIэпыкъуэгъу псынщIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ здэкIуэн хуей Iуэхухэмрэ пап­щIэ.

УФ-м и Президентым и унафэкIэ цIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэмкIэ IуэхущIапIэ­хэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса программэм ипкъ иткIэ, 2021 гъэм щыщIэдзауэ амбулато­рэхэм, поликлиникэхэмрэ абыхэм я къудамэ­хэмрэ къащэхуащ санитар автомашинэ 60-м нэс. 2021 гъэм ирихьэлIэу иджыри санитар машинэ 15 къащэхуну загъэхьэзыр.
Къинэмы­щIауэ, зыхуей хуэзауэ сымаджэхэм якIэлъып­лъыным хуэгъэпса программэм ипкъ иткIэ бгъэIэпхъуэ хъу флюорографрэ маммо­графрэ къащэхуащ. Куэд щIакъым республикэм а Iэмэ­псымэхэр щIэту бгъэIэпхъуэ хъу кабинети 9 зэ­рызэригъэпщрэ. «Узыншагъэр егъэ­фIэ­кIуэн» лъэпкъ проектымкIэ 2021 гъэ лъандэрэ бгъэIэпхъуэ хъууэ апхуэдэ сымаджэ кIэ­лъып­лъыпIэу 10-м нэс къащэхуакIэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.