ХЭКУПСЭ ГЪЭСЭНЫГЪЭР ЗИ КЪЕЖЬАПIЭ

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, къэралым и щIыналъэ псоми щызэхашэ зэIущIэ, зэпеуэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ зыуэ Налшык щекIуэкIащ зауэлI-интернационалистхэм яхуэгъэза пшыхь гукъинэж. 

КIыщ Мухьэдин и цIэр зезыхьэ «Kishev Art Home» унэ-музейм къыщызэхуэсат цIыху куэд: къалэдэсхэр, Налшык и хьэщIэхэр, студентхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ. Апхуэ­-дэуи абы зыкърагъэхьэлIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и «Союз боевое братство» жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм, а IуэхущIапIэм и унафэщI Джылахъстэн Барэсбий я пашэу. 
ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м уэрэд жыIэным щыхуагъасэ и къудамэм щеджэ­хэм ягъэхьэзырат гум дыхьэ концерт дахэ. Зауэ зэманым щыIа, хэкупсэ гъэсэныгъэр   зи лъабжьэ уэрэд цIэрыIуэхэр жаIащ абы­хэм, пшыхьым кърихьэлIа дэтхэнэ зыри дихьэхрэ гушхуэныгъэ къыхилъхьэу. 

 

Налшык къалэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ