Къурмэныр къызэрежьар.

Муслъымэным и фарзхэм (Iэмал имыIэу ­игъэзэщIэн хуейхэм) ящыщщ къурмэн укIыныр. Ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэралэжь, Тхьэм пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ икIи мы гъэм тохуэ шыщхьэIум и 11-13 махуэхэм. Дауэ атIэ Къурмэныр къызэрежьар икIи сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар?
Тхьэр арэзы зыхуэхъун бегъымбар лъапIэхэу Ибрэхьимрэ абы и къуэ Исмэхьилрэщ къурмэн укIыным къежьапIэ хуэхъуар. Дунейм и тепщэм Ибрэхьим бегъымбарыр «Алыхьым фIыуэ хилъагъукIа» фIищауэ КъурIэн ЛъапIэм къыщегъакIуэ. Пэж дыдэу, Къытщхьэщытым апхуэдэу лъагэу хиIэтыкIыфынур щытхъу нэс зыхуэфащэрат.
Ибрэхьим къыщалъхуащ «Вавилон» цIэр иIэу тхыдэм хыхьа къалэм. Бегъымбар хъунур иджыри сабийуэ, абы и унагъуэр Хьэрран Iэпхъуащ.
А щIыпIэм щыпсэухэм зыхуагъэщхъырт вагъуэхэмрэ дунейхэмрэ (планетэхэмрэ). Абыхэм я гугъэт гъащIэр вагъуэхэм зрагъакIуэу, цIыхухэм я насыпымрэ ехъулIэныгъэмрэ вагъуэбэхэм епхауэ. Арат къызыхэкIар дунейхэмрэ вагъуэхэмрэ я щIыхькIэ дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIыныр икIи абыхэм тыхь хуащIыныр. КъищынэмыщIауэ, хьэррандэсхэм зыхуагъэщхътырт мывэм къыхэщIыкIахэм, езыхэм я IэкIэ ящIауэ.
Ибрэхьим щIапIыкIырт а щыуэныгъэм икIи егупсысырт зэхэщIыкIыншэу цIыхухэр зэрыпсэум. Сыт мывэм зыщIыхуэбгъэщхъынур, абы жэуап къуимытыфынумэ? Вагъуэхэм, дыгъэм, мазэм сыт тыхь щIыхуэпщIын хуейр, чэзууэ зыр адрейм ихъуэжу уафэм щиткIэ икIи зыри щабгъэдэмылъкIэ? Ар кIэлъыплъырт цIыхухэр я фIэщхъуныгъэм зэрытетым икIи ялэжьхэм я мыхьэнэм зэремыгупсысым. Мывэм сын къыхэпщIыкIыу дауэ абы зэрызэхуэбгъэщхъынур? Дауэ къызэрыхъуфынур цIыхум езым и IэмкIэ тхьэр къигъэщIрэ ар езым нэхърэ нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэу игъэIуныр? Ар Ибрэхьим и акъылым къитIасэртэкъым. ЦIыхухэм тхьэ гуэрхэм зыщIыхуагъэщхъым и щхьэусыгъуэмкIэ щыщIэупщIэкIэ, абы жэуапу къратырт я адэжьхэм апхуэдэу ящIэу зэралъэгъуар. Адэжьхэм, абыхэм я адэжхэм я щыуэныгъэр къаIэрыхьамэ-щэ? Я адэшхуэхэр, абыхэм я адэжхэр къамылъху щIыкIэ фIэщхъуныгъэ нэпцIыр къежьамэ-щэ? КъызэрыщIэкIымкIэ, пцIыр пасэ дыдэу цIыхухэм къахыхьэу абыхэм я деж зыщигъэбыдауэ щытыфынущ, а зыри къызэрымыкI хабзэр къыщежьар зыщIэж щымыIэу. Жэуапхэр имыгъуэтми, Ибрэхьим ерыщу пэжыр къилъыхъуэрт икIи пэжыр зи лъабжьэ щIэныгъэр Алыхьым мыгувэу къыхуигъэкIуащ, И ГущIэгъум хуэкIуэ гъуэгу захуэр иригъэлъагъуу.
УвыIэгъуэ имыIэу илъэс куэдкIэ цIыхухэр дин пэжым къыхуриджа иужькIэ, Алыхьым Ибрэхьим унафэ хуищIащ и унагъуэмрэ лъэпкъымрэ ибгынэну. Абы иунэтIащ Тхьэм фIыуэ илъэгъуа Хьэнаан (Палестинэ) щIыналъэм. Езым дэщIыгъут и къуэшым и къуэ ЛутIрэ и щхьэгъусэ Сарэрэ. Зэман дэкIри мэжэщIалIэныгъэм абырэ Сарэрэ Мысырым къыщигъэхутащ.
А щIыналъэм зыщрихьэлIа пащтыхьым Хьэджэр зи цIэ цIыхубзыр унэIуту къаритащ. Абы дин пэжыр къищтэри, Алыхьым и лIыкIуэм щхьэгъусэ хуэхъуащ. Сарэ а Iуэхугъуэм пэщIэувакъым, сыту жыпIэмэ езым сабий къыхуэлъхутэкъыми.
Сарэрэ Хьэджэррэ и гъусэу Ибрэхьим Палестинэм къэкIуэжащ. Мыгувэу Ибрэхьимрэ Хьэджэррэ Исмэхьил зыфIаща сабийр Алыхьым къаритащ.
Алыхь Лъагэм Ибрэхьим къыхуищIа унафэхэм ящыщ куэдыр зэ еплъыгъуэкIэ гъэщIэгъуэн къыпщохъу, языныкъуэхэм и деж уеблэмэ гущIэгъуншэу. АрщхьэкIэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым мы дунейм теухуауэ псори къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэ Алыхьым зэриIэр, абы къыхэкIыу елъагъу цIыху къызэрыгуэкIхэми и лIыкIуэхэми ямылъагъунур. Къапщтэмэ, Ибрэхьим унафэ хуищIат и етIуанэ щхьэгъусэ Хьэджэр сабий цIынэр дэщIыгъуу къумым къринэну.
Иджыпсту Мэккэ къалэр здэщыIэ мывалъэ щIыпIэм ахэр къишэщ, псырэ яшхын тIэкIурэ къахуигъанэри, езыр IукIыжащ.
- Дэ мыбдежым дыкъыщыбгъэнэну унафэ къыпхуэзыщIар Алыхьра? - еупщIащ Хьэджэр бегъымбарым.
- Аращ, - жэуап къитащ Ибрэхьим.
- Апхуэдэу щыщыткIэ, дыщIэгузэвэн щыIэкъым, - жиIащ пэжыщIэ фызым.
Мыгувэу псыр яухащ икIи Хьэджэр дэIэпыкъуныгъэ лъыхъуэу хуежьащ. Ар Iуащхьэ цIыкIум, иджыпсту СафэкIэ зэджэм, дэкIуеящ цIыху аддэ жыжьэу щыIэмэ еплъыну. ИтIанэ къехыжри, фызыр адрей Iуащхьэм, Маруэ зи цIэм, хуэжащ, ауэ гъащIэм и нэщэнэ гуэри зыщIыпIи щилъэгъуакъым.
Апхуэдэурэ блэнейрэ къижыхьа иужькIэ, абы Исмэхьил и деж къигъэзэжащ икIи и нэхэм ялъэгъуар и фIэщ хъуакъым: и пащхьэм псынэ къыщыIуиудащ.
А псынэм Зам-Зам фIищащ. ХьэжыщI кIуэхэм а псыр нобэми ираф икIи къыщыкIуэжкIэ къыздахь.
Фызым абы псы кърихыу хуежьащ. ПэжыщIэ Хьэджэррэ Исмэхьил цIыкIурэ псынэм и деж щыпсэу хъуащ, дызэрыщыгъуазэщи, Зам-Зам псым псыхуэлIэм къищынэмыщIауэ, мэжэщIалIэри пщхьэщех.
Зэман дэкIауэ псынэм пэгъунэгъуу цIыху гуп блэкIырт. Хьэджэррэ Исмэхьилрэ къыщалъагъум, ахэр щIэлъэIуащ псы ефэну хуит ящIыну. Хьэджэр абыхэм япэрыуакъым. ГъуэгурыкIуэхэм а щIыпIэр ягу ирихьащ икIи игъащIэкIэ щыпсэуну къэнащ.
ЗэрыжаIэжымкIэ, Ибрэхьим Хьэджэррэ Исмэхьилрэ щIэупщIэну Мэккэ къакIуэрт, кIэлъыплъырт и къуэр зэрыхэхъуэм икIи и гъэсэныгъэм хэтт. Апхуэдэурэ Исмэхьил нэхъ ин хъуащ, махъшэм тесыфу, шабзэ игъэуэфу зригъэсащ.
Алыхьым Ибрэхьим игъэхутэныр ар жьы дыдэ щыхъуами зэпигъэуакъым.
Зэгуэрым бегъымбарыр епщIыхьащ и къуэ закъуэр тыхь хуищIыну Къытщхьэщытым унафэ къыхуищIауэ…
- Уэ тыхь ухуэсщIыну Алыхьым унафэ къысхуригъэхащ. Сыт абы теухуауэ жыпIэн, си къуэ? - еупщIащ Ибрэхьим и къуэм.
- Уа си адэ! ДыкъэзыгъэщIам и унафэр гъэзащIи, уэ плъагъунщ, Алыхьым и IэмыркIэ, сэ зышыIэныгъэ зэрысхэлъыр, - жэуап къритащ абы Исмэхьил.
Къызэрыхэдгъэщащи, Алыхьым и унафэр къызэрыгуэкIыу къыщытщымыхъу щыIэщ. Ауэ хэтыт, Къытщхьэщытым и закъуэ фIэкIа зи гур емыта Ибрэхьим бегъымбарым къищынэмыщIа, апхуэдэ унафэ зыгъэзэщIэфынур? Ар тегушхуащ. А псом ищIыIужкIэ, а IуэхугъуэмкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ зи псэр зытын хуей и къуэр. ТIуми къагурыIуэрт, Алыхьращ гъащIэр къезытари къеIызыхыжыфынури, икIи жыIэдаIуэныгъэ къагъэлъэгъуащ.
ДыкъэзыгъэщIам и унафэр игъэзэщIэн папщIэ сэр щиIэтым, Къытщхьэщытым Ибрэхьим хъыбар къыIэригъэхьащ, и гъэхутэныгъэр пщIэ пылъу зэригъэзэщIамкIэ икIи Исмэхьил лажьи хъати имыIэу къызэрынэмкIэ. Абы щыгъуэм унафэ къахуищIащ къурмэну мэл яукIыну - гуфIэгъуэм зэщIищта зэадэзэкъуэм ар ягъэзэщIащ.
АбыкIэ Алыхьым къагуригъэIуащ Ар апхуэдэ тыхь зэрыхуэмыныкъуэр икIи цIыху гъащIэр – ар тыгъэ инщ, хуэфэщэн пщIэ хуэтщIын хуейуэ.
А къэхъуар муслъымэнхэм илъэс къэс Гьид Аль Адхэ (Къурмэн хьид) IуэхугъуэмкIэ ягъэлъапIэ, унагъуэ Iэщхэр къурмэн ящIрэ къулейсызхэмрэ тхьэмыщкIэхэмрэ ягъашхэу.
Ибрэхьимрэ Исмэхьилрэ Алыхьым зыщыхуагъэщхъыну щIыпIэм и лъабжьэр иужькIэ ягъэтIылъащ, нобэ ар Мэккэ къалэм къыщыбгъуэтынущ. Дуней псом муслъымэну тетым нэмэз щащIкIэ я гупэр зыхуагъазэ Каабэ ЛъапIэр ухуэн щIэзыдзар а цIыху телъыджитIращ. Диныр зи фIэщ хъу дэтхэнэ зы цIыхури къыщыхутэну зыщIэхъуэпс езы Жэнэт дыдэм къикIа мывэр абыхэм ягъэуващ.
Каабэр щаухуэм Ибрэхьим дыуэ ищIащ, дунеитIми цIыхухэм насып щаIэн папщIэ бзэ дахэ зыIурылъ цIыху я унагъуэм щыщу къахуигъэкIуэну щIэлъэIуу. Фэ, дауи, къывгурыIуагъэнщ зи гугъу ищIыр Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэммэд бегъымбарырауэ зэрыщытым. Ибрэхьим и тхьэлъэIум Алыхьым жэуап къритынущ икIи илъэс куэд дыдэ дэкIа иужькIэ абдежым къыщалъхунущ ди Бегъымбар ЛъапIэ Мухьэммэдыр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар.
КъищынэмыщIауэ, ДыкъэзыгъэщIам Ибрэхьим унафэ хуищIащ мы щIыпIэр Алыхь Лъагэм зыхуагъэщхъыну Каабэ къэкIуэнухэм папщIэ иригъэкъэбзыкIыну.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэжым теухуа хъыбарыр - нэгъуэщIу жыпIэмэ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэр илъэсищэ куэдкIэ мы щIыпIэ лъапIэм къызэрыкIуэнур - Алыхьым Ибрэхьим иригъэщIащ.
Я ныбжьыр хэкIуэта пэтми, ДыкъэзыгъэщIар Сарэрэ (бын къызыщIэмыхъуэу щыта и япэ фызращ) Ибрэхьимрэ иджыри зы къуэкIэ – ИсхьэкъкIэ – къахуэупсащ. Ибрэхьим и унэм къекIуэлIа мелыIычищым щIэблэ зэраIэнумкIэ хъыбар кърагъэщIами, Сарэ и насыпыр и фIэщ хъуртэкъым, жьы зэрыхъуам къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, дэ зэрытщIэщи, Алыхьым сытри хузэфIокI икIи «кърехъу» жиIэмэ, ар къэхъун папщIэ нэгъуэщI зыри хуейкъым. Дауи, Къытщхьэщытым и дежкIэ гугъутэкъым Ибрэхьим и щIэблэр и къуэ ИсхьэкъкIэ хигъэхъуэну.
Ибрэхьим и къуитIми бегъымбарыгъэ ябгъэдэлъащ, лъэпкъ инитIым я къежьапIэ хъури. ИужькIэ ахэр дунейм щызэкIэщIэкIынущ икIи абыхэм къатехъукIынущ иужьрей дыдэ Бегъымбар икIи ЛIыкIуэ Мухьэммэд (Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар).
Ибрэхьим и щапхъэр – цIыхум и дежкIэ Iущыгъэм и гъунапкъэншэ хъугъуэфIыгъуэ гъэтIылъыпIэщ. Сыт хуэдэ хьэл-щэн дахэ дигу къихьэми, дэтхэнэри Алыхьым а и лIыкIуэм хэлъащ.

Зыгъэхьэзырар Жыласэ Заурбэчщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.